Jump to content

Джейхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Джей къызыхэкӀар)

Джейхэр - хышэрыпӀхэм ящыщ джейпсоущхьэхэ, хыкхъуэхэм емыпхауэ щытхэ.

КъызхэкӀахэмрэ лӀэужьыгъэхэмрэ

[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

джейпсоущхьэхэр джейдыдэхэр дунем и псэушъхьэ нэхъ ину щытхэ - джейшхъуантӀэм и кӀыхьэгъыр метрэ 25 мэхъу (нэхъ индыдэр метрэ 33), я хьэлъагъыр тоннэ 90-120 носыр. Джейпсоущхьу хъуар - джейхэр, хыкхъуэхэр шӀыпсэушъхьэ шэрыпӀ лъапэтӀуанэхэм къахэкӀахэ. ПсыпсоукӀэ джейхэм щыкӀадзар илъэс 50 милыуанкӀэ узэӀэбэкӀыжьмэ. [1]

Джейпсоущхьэхэр лӀэужьыгъуэйцӀыкӀуитӀу мэгуэчхэ:

  • ПащӀакӀэ джейхэр - пащӀэ яӀу, филтр хуэду къагъэщхьэпу. Я жэбгъуащхьэм тет, керэтиным щыщу. ПащӀэцыр къызэригъэщхьэпэр псымрэ планктонымрэ зэхэдзыным щхьэкӀэ. ПащӀакӀэхэр джейхэм я лӀэужьыгъуэйхэм хэт псэущхьэхэм я нэхъ инхэра.
  • Дзэй джейхэр - дзэ яӀут, калмархэм, бжъэжъейхэм йощакӀуэхэ. Гъэщэгъуэныгъу мы лӀэужьыгъуэм яхэлъыр эхолокациэр къызэрагъэсэбэпыр, я хъуреягъым къэхъур къащӀэным щхьэкӀэ.
  1. http://news.bbc.co.uk/1/hi/sci/tech/1974869.stm Джейхэр ерсын зэресахэр