Псыжъ
| Псыжъ |
|
|---|---|
| Псыжъ | |
| ЩӀыхьэгъыр: | 870 км |
| Псыхъуэм и инагъыр: | 57 900 км² |
| Къэрал: | Урысей |
Псыжъ (абаз.: Къвбин, ал-бз.: Гипанис, къэр.-бэлъ-бз.: Къобан, ур-бз. Кубань) — псыхъуэ Урысейм, Къэукъаз Ишъхъэрэм идежь.
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] Ицlэр
Псыжъ (Къвбин, Кубань, Къобан, Губан) 300 ящищ зыцlэ, псым зэрихьам. Къэрал здежэххэр: Къэрэшей-Шэрджэс, Ставропол къэралым, Адыгейм, Краснодар къэралым. Хы мыутlэм здыхэхьам идежь хы тlыгу ин ешъыр зэгуэкlыу 4300 км² хуэдизу.
[гъэтэрэзын] Хэкумэтх
Iуашъхьэ Махуэ илъэгум ежэхын кlедзэ Псыжъ. Икlыхьагъыр 906 км. мэхъу. Усть-Лабинск къалэм къыщыкlэдзауэ псыхъуэм кхъухьхэр ирокlуэ.
Исэмырабгъумкlэ хэлъадэ псыхэр:
Абыхэми нэхъ псы цlыкlу хэлъэдэхэми ядэкlыгъу. Ижьэгъурабгъумкlэ хэлъадэ псыхэр:
14 000 мэхъу псори зэхэту Псыжъ псыуэ хэлъадэр. Илъэсишъэкlэ Псыжъ зэркlэлъыплъам, илъэсым псыуэ иригъэжэхыр, уэшхэпсымрэ уэсэпсымрэ къыхэкlыр (65 %), къушъхьа мылхэм къахэкlыр (20 %), псынэпсхэм къахэкlыр (15 %) 13,5 км³ хуэдиз мэхъур.
[гъэтэрэзын] Тхыдэ
Илъэс мин бжыгъэкlэ узэlабэкlыжьмэ Псыжъ хым здыхэлъадэм идежь Хы Мыутlэ хыжъэ ин иlа, Тэман хы тlыгуныкъуэм къыщыкlэдзауэ Приморскэ-Ахтарск нэсу Краснодар нэгъунэ хыхьау. Хом-хомурэ псыхъуэми хыми шlыр зэрахъуэкlыу, шlыгу трихьу кlидзэри хыжъэр хым хигъэкlри хы тlыгу хъуа.
[гъэтэрэзын] Псэушъхьа
Псыжъ бжъэжъей бжыгъэ хэс 106 лъэпlкъу. Абы пlэмыкlыу зоопланктону 400 лъэпlкъ хуэдиз. Псыжъ, псым lус бзухэм ящыщ бжъыгъи 100 лъэпlкъ хуэдиз, абы пэмыкlыу: бажьэ, мэз джэду, кхъуэ джоуэ ипсыlуфэхэм щопсоу.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса хэкумэтхымкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |