Лабэжъ
| Лабэжъ |
|
|---|---|
| КӀыхьагъыр: | 214 км |
| Псыхъуэм и инагъыр: | 12 500 км² |
| Псыхъуэр: | Хы Мыутlэ |
| Псыуэ ихьыр: | 95,7 м³/с (и пэм идежь) |
| КъызхэкӀыр: | Лабэшхуэмрэ ЛабэцӀыкӀумрэ я зэхэлъэдэгъуэм |
| КъыхэжыпӀэр: | Къалэдэс станицэ (Краснодар къэрал) |
| И пэр: | Псыжъ |
| Псыпэм и щӀыпӀэр: | Лабапэкъалэ (Краснодар къэрал) |
| Хэкур: | Урысей |
| Хэку къедзыгъуэхэр: | Адыгэ къэрал, Краснодар къэрал |
Лабэжъ (ур-бз.: Лаба) — Краснодар къэралым псы ежэх, сэмырабгъумкlэ Псыжъ холъадэ.
Цlэр [гъэтэрэзын]
Къуэкlыпlэ Къаукъазым инэхъ псы инхэм ящыщ, Псыжъ исэмырабгъумкlэ хэлъадэ. Бзэхэмкlэ азэ цlыхухэр зэм хуэкlуакъы м я гупшысэнхэмкlэ цlэр къызхэкlэам. Нэхъ зыхуэкlуэхэр гупшысагъыитl. Зыр ираныбзэм къыхэкlа псалъэ "алб" - хыжь, абы пашъэ. Етlуанэр - апхуэдууи иран псалъэ "лаб" ("лав") - псы lуфэ къикlыу. Апхуэдыуи пэмыкlыуи а гупшысэхэм пагъэувэ щыlа. К.Х. Мерэтыкъуэм зэритхымкlэ Лэбэ цlыкlум зыпс хэлъадэр lуашъхьа Лоуба (абазэ псалъэ, къыкlыр гурыlуэгъуэкъым) къыкlожыр.
Хэкумэтх [гъэтэрэзын]
Iуашъхьахэм мыл телъхэм къыкlэжу, Лабэшхуэмрэ Лабэцlыкlумрэ япсым къахэкlыу икlыхьагъыр км 347 мэхъу. Лабэшхуэмрэ Лабэцlыкlумрэ я зэхэлъэдэпlм къыщыкlэдзауэ быбжмэ икlыхьагъыр км 214 мэхъу. Ипсыхъуэм ибгъуагъыр 12 500 км². Ишъхьамкlэ Лабэмрэ псы хэлъадэхэмрэ уэру щытхэ, къуэ куухэм дэжу. Икlагъымкlэ ипсы lуфэхэр лъахъчу щыт, езыр хом мэхъужь. Псыр къызхэкlыр зэхэт: уэсыпс, мылтlкlуэпс, уэшхыпс.
Псы нэхъ ин хэлъадэхэр: Чэмлыкъ (ижьыгъурабгъумкlэ), Фэрс (сэмырабгъумкlэ).
Хьаблэ lуфэм lутхэр [гъэтэрэзын]
Къэрэшей-Шэрджэсым: Пхиэ, Дамхьуэрц, Зэджэдэн, Рожъкъуауэ, Азиатскэ, Псэмэн, Курджиново, Подскальное. Яужкlэ Краснодар къэралыр холъадэ: Ахметовскэ, Каладжинскэ, Мостовской, Лабинск, Курганинск... Адыгей къэралым икъуаджэхэр: Хуэдз, Натырбово, Куэчхьаблэ, Еджэрыкъуэй, Пшизо, Джэмбэчий, Хьатикъуай.