Нуну
Къыздихар Уикипедиэ
| Нуну | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Aegolius funereus Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
|
Нуну (лат-бз. Aegolius funereus) — кӀукӀумяу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Теплъэр гъуабжэ-фӀыцӀафэщ. Щхьэм, дамэхэм ӀэпапӀэ хужь хъурейхэр хэсщ, кӀэ къабзийхэмрэ къабзий пхъашэхэмрэ кусэ хужьхэр тӀурытӀурэкъарох. Ныбэ щӀагъыр хужь-фӀеифэщ. Лъакъуэхэм цы ятетщ лъэбжьанэм нэсу.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Урысейм, Къаукъазымрэ абы и щӀыбымрэ къанэмыщӀауэ, хамэ къэрал куэдым я бгылъэ, кхъуакӀэ мэзхэм щопсэу. Абгъуэр — жыг гъуанэхэм. ДэнэкӀи щыӀэхэр лъэтэжкъым, ауэ мэӀэпхъуэ.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусыр адрей кӀукӀумяу лӀэужьыгъуэхэм яйм ещхьщ.
ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр [гъэтэрэзын]
Мы лӀэужьыгъуэм лӀэужьыгъуэ къуэдзибл зэщӀеубыд, ахэр:
- Aegolius funereus beickianus
- Aegolius funereus caucasicus
- Aegolius funereus funereus
- Aegolius funereus magnus
- Aegolius funereus pallens
- Aegolius funereus richardsoni
- Aegolius funereus sibiricus
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.