Дамэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Дамэкъуалэбзум (апхуэдуи гъудэбадзэм, шэрыпӀ лӀэужьыгъуэ гуэрэхэм, псалъэм папщӀэ дзыгъуэнэфхэм) я пкъым щыщ Ӏыхьэ тӀуащӀэу зэрылъатэрщ.

ЗэфӀэтыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Дамэ къупщхьэхэр икъукӀэ быдэу зэрыӀыгъщ, лъэтэнымкӀэ мыхьэнэ ин дыдэ зиӀэ къабзийхэр егъэбыдылӀауэ. Дамэхэр адрей пкъыгъуэхэм елъытауэ нэхъ щӀэгъэхуабжьауэ зэрылажьэм къыхэкӀыу абым япха лыпцӀэхэр лъэщщ.

1 — дамэкъабзийхэр; 2 — дамэкъабзий кӀэщӀхэр; 3 — дамэжьей; 4 — бзийхэр; 5 — цыкӀыхь пхъашэхэр; 6 — щабэ кӀэщӀхэр; 7 — дамащхьэцхэр; 8 — бзийжьехэр

ЩӀэнхабзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Сэн Мишел (Фрэндж) хьэблэм и дэмыгъэ

Къуалэбзу дамэм цӀыхум и щӀэнхабзэм щӀагъыбзэ мыхьэнэ ин щиӀэщ. Адыгэм хъыбарыфӀ гуэрэ зэхахмэ, е Ӏуэхум щехъулӀэмэ «дамэ къатокӀэ», я щыӀэкӀэм зи пщэ умыкӀуэжын щытыкӀэ егъуэт, псэр нэхъ быдэ мэхъу.

Ижьырей алыдж псысэжьхэм я деж дамэхэм псэр зыхэт пкъым нэгъуэщӀ теплъэ ират. Апхуэдэщ дамэ зытет тхьэхэр, уафэмрэ щӀымрэ я зэхуакум дэт тхьэм и лӀыкӀуэхэр; псысэхэм уащыхуозэ дамэ зытет псэущхьэ къэгупшысахэу пегас, феникс, сфинкс, сирен, гарпий, грифон нэмыщӀхэми.

Дамэр, дамэхэр — ижь-ижьыж лъандэрэ псынщӀагъэм я дамыгъэщ, ди нобэми авиациэм, аутотранспортым, гущӀгъуэгум я дэмыгъэщ, я теплъэкӀэ зэрызэщхьэщыкӀыр мащӀэу. Е 18-19 лӀэщӀыгъуэхэм дамэми теплъэхэр зэмыфэгъуурэ къагъэсэбэпт зыгуэрым дэӀэпыкъуным, хуэфӀыным, нэӀэ тегъэтыным, нэфӀ щыхуэным я дэмыгъэу: фӀыцӀэр — бгъэ дамэт, пащтыхь нэфӀым и дамыгъэт; хужьыр — Тхьэм и нэфӀ къыпщихуэным ейт; дамэ дыщафэр — къаралъыгъуэ дамэгъэт. Е 18-19 лӀэщӀыгъуэхэм лъакъуэ ныпхэм/дамыгъэхэм хагъэувэ дамэ теплъэхэм емышыным, лъэрыхьагъым я дэмыгъэт.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.