КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр
| КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр | ||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||
|
||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||
| Strigiformes Wagler, 1830 | ||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||
|
КӀукӀумяу теплъэ хэкӀыгъуэр лат-бз. Strigiformes — мыбы хохьэ жэщкӀэ щакӀуэ псэущхьэшх къуалэбзу лӀэужьыгъуэхэр. Абы тегъэпсыхьащ пкъым и гъэпсыкӀэри.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Я нэхэр пӀащэщ, гупэмкӀэ гъэзащ, тхьэкӀумэ гъуанэхэр инщ, тхьэкӀумэ къыпфӀощӀ бзий Ӏэрамэ пӀийхэу я щхьэбгъухэм тетыр. Дамэ кӀыхьхэщ, кӀагуэхэщ, лъакъуэ кӀэщӀхэщ. Цы Ӏув щабэ ятетщ. Хъумрэ анэмрэ зэфэгъущ, ауэ анэр нэхъ пӀащэщ.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэ [гъэтэрэзын]
Щопсэу мэз, къум, тундрэ, бхыгэм. Лъэтэжу яхэтыр мащӀэщ. Моногамнэхэщ. Абгъуэ лӀэужьыгъуэ нэхъыбэм ящӀкъым, щогъуалъхьэ жыг гъуанэхэм, къыр зэгуэкӀыпӀэхэм, абгъуэ ябгыныжахэм, псэуалъэхэм.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Я Ӏусыр псэущхьэщ — къуалэбзу, гъудэбадзэ. КӀукӀумяухэр зэрыз дыдэ къанэмыщӀа, икъукӀэ сэбэп мэхъу, абы папщӀэ къэрал нэхъыбэм щахъумэ.
ЗэхэгъэкӀыгъуэр [гъэтэрэзын]
ЛъэпкъитӀ мэхъу, лӀэужьыгъуи 134 къызэщӀиубыдэу. Лъэпкъхэр:
- Tyto
- КӀукӀумяу лъэпкъыр (Strigidae)
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.