Махатма Ганди
| Махатма Ганди | |
| хин.-бз. मोहनदास करमचंद गाँधी | |
| И лэжьыгъэр: | политикэм и лэжьыгъэлӀ, философ |
| Къыщыхъуар: | 1869 жэпуэгъуэм и 2 |
| Къыздэхъуар: | Порбандар, Гуджарат, Британиэм и Индиэ |
| Дунем щехыжьар: | 1948 щlышылэм и 30 |
| Дунем здехыжьар: | Нью-Дели, Индиэ |
| Къэрал зыщыщтэр: | Индиэ |
Мохандас Карамчанд «Махатма» Ганди (хин.-бз. मोहनदास करमचंद गाँधी) — Индиэм и хуитыныгъэм къыдэшъхэм, къэзгъэжьахэм ящыщт Британиэшхуэм къыхагъэкӀыным шъхьэкӀэ. Хабзэ "зауэншу" (сатьяграха) еджу къыригъэжьам цӀыхуӀкуэд яуж ихьэт.
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] И тхыдэр
Мохандас Карамчанд Гандир щэхуакӀуэ кастэм "бания" и лъэпкъыр къыхэкӀт. Ядэ Карамчанд Гандир (1822-1885) Порбандарам и нэхъышъхьэ министру - дивану тета. Ганди я унагъуэм диным и хабзу хъуам пылъхэт. Янэ Путлибайр диным куэду кӀэлъыплът, къыхэкӀыу хъуам пылъу, ТхьэлъэӀухэр зэфӀигъэкӀу, бэрэскъэшхуэхэм хэту, къэкӀыгъэ-шхын нэхъ зыӀуимылъхьу, дин тхылъхэм еджу - а псом и шэн зэфӀэувэныр къыхэкӀа Ганди и кӀэлэгъуэм.
Илъэс 13 Мохандасым фыз къечэ Кастурбай ицӀу, и Ӏыхьлыхэм ящыщу. Яужыб къуиплъ ягъуэта: Харилал (1888-1949), Манилал (1892-1956), Рамдас (1897-1969), Девдас (1900-1957). Икъуэ нэхъыжъ Харилалыр зыхигъэкӀа яужым. КъызэриӀуэтэжьтэмкӀэ фадэм пылът, бзылъхугъэхэр бжыгъэ имыӀу зэричэт, шӀыхуэхэм хэхьэт. Хиралалым бжыгъэрэ динхэр зэрихъуэкӀауэ щыта, яужым сифилисым илъыкӀа. Адрей икъу хъуар хабзэ къыригъэжьам пыхьэху яуж итахэ, Индиэм и хуитыныгъэм пылъху. Икъуэ Девдасыр фыз Лакшми къыча яуж цӀэрыӀуэ хъуа, Индиэм и Лъэпкъ Конгрессым и зы нэхъышъхьэ Раджаджим и малъхъэ хъуауэ. Ауэ Раджаджир пэмыкӀ кастэм къыхэкӀыт (браминхэм), езы Гандим кастэ зэщымыщхэм къахэкӀэр зэрмычэным пылът, диным къызэрхэкӀым хуэду. Ауэ тауэ щымытми 1933 гъэм Девдасым ядэ-янэм пӀалъэ иратри фыз къырагъэча. left|thumb|220px| Мохандас Ганди и шъхьэгъусэ Кастурбайрэ (1902) Иджырей Ганди политик Индиэм щыщхэр Ганди дызтепсэлъыхь лъэпкъым ящыщкъым.
Илъэс 19 Мохандас Гандир Лондон йожьэ, абдежьым юристу къэухыр. 1891 гъэм, еджэныр иуха яуж, Индиэм къэгъэзэжьыр. И профессиэ лэжьыгъэр и шӀыналъэм идежь къыщыхуэмысэбэпым куэду 1893 гъэм Ипшъэ Африкэм лэжьэну йожьэр, абдежьым индиэ джылэ дэсхэм ядоӀэпыкъур, пӀалъэ адрей цӀыхухэм хуэду яӀэну. Абдежьыра япэреуэ къыздыригъэжьар "зауэншэ пэщытын" (сатьяграха). И дуней тетыкӀэр куэду къызхэкӀар Бхагавадгита, Г.Д. Торо, Л.Н. Толстой я тхыгъэхэм. Толстоймрэ Гандирэ писмокӀэ зэпылъхэт.
1914 гъэм Гандим Индиэм къэгъэзэжьыри, зэуэ хохьэ британиэ антиколониалнэ екӀуэкӀыныгъэм. 1915 гъэм индиэ цӀэрыӀуэ хулъхугъэ, Нобель и премиэм и лауреат литературэмкӀэ Рабиндранат Тагорым япэреуэ треӀуэ Гандим цӀэ «Махатма» - «Псэшхуэ» (езы Гандим а цӀэр идэтэкъым, езым хуэмыфашу джиӀу). Индиэм и Лъэпкъ Конгрессым и зы нэхъышъхьэ Тилакым, дунем ехыжьыным ипэм Ганди ипӀэ иувэну унафэ ишъа.
Индиэм и хуитыныгъэм щыпылъхэтэм Гандим зауэншэ пэщытын "гъогум" цӀыхухэр тригъува: британиэм къырахахэр къамыщэхуну, зэрамхьэну, британ организациэхэм емыкӀуэлӀэну, британиэм щыщу хъуар бойкот яшъыну. 1921 гъэм Индиэ Лъэпкъ Конгрессым и нэхъышъхьу теува, 1934 гъэм нэгъунэ а пӀэр иубыдт, лъэпкъ хуитыныгъэ зекӀуэным хэтхэмрэ, адрей партиэм хэт нэхъышъхьэхэмрэ я гупшысыгъэ пэлитикэр къымыду токӀыжьыр ипӀэм.
Махатма Гандир куэду индиэ лъэпкъхэм хуэдуи мыслымэн лъэпкъхэми нэхъышъхьу къалъытэт, едаӀуэхэт, абы шъхьэкӀэ езы Махатма а лъэпкъ зэмызэгъхэр зэригъэфӀыжьыным, зэдигъэпсоуным пылът. Идэтэкъым къэралыр зэхагъэкӀыну, зэгуэтынам пылъат ауэ 1947 гъэм колониэ Британ Индиэр къэрал хуиту яутӀыпщ ауэ тӀууэ зэхагъэкӀыу: свецкэ республикэ Индиэ джоуэ, джылэ дэсым и нэхъыбэр индиэ диным пылъу, мыслымэн Пакистаныр джоуэ (апщыгъуэм Пакистаным иджырей Бангладешри хэхьэт "КъуэкӀыпӀэ Пакистан" джоуэ, яужым, 1971 гъэм къэрал хуит хуэду хэкӀа)
1948 гъэм и 30 щӀышылэм, Дели къалэм, Гандим тхьэлъэӀу здыригъэкӀуэкӀым, индиэ-фанатик Натхурам Годзе къыбгъэдэхьэ, зыхуригъэзых и лъапэм нэсын шъхьакӀи и джанэ кӀагъым кӀэрахъуэ къыдихри щэ Гандим и ныбэмрэ и бгъэмрэ еуа. Зи къэрурэ псэрэ хэкӀ лӀым, лъэныкъуитӀымкӀэ пшъашъитӀым здаӀыгъым щэ къэгоуа: «Уэ, Рама! Уэ, Рама! Уэ, Рама!» (А псалъэхэр здаукӀам идежь ягъува сыным тедза.) яужым иӀэр итӀэтри кӀалэ къэуам хуэгъугъу зэрыхуишъыр игъэлъэгъуа.
[гъэтэрэзын] Сын хуашъахэр
- Радж Гхат
- Махатма Ганди и мемориал АШЗ-м
- И сыну, мемориалу къэлэ бжыгъэм, къэрал бжыгъэ дуней псом идежь: Нию-Йоркым, Сан-Франсискэм, Мэзкуум, Лондоным пэмыкӀ бжыгъэхэм.
[гъэтэрэзын] И псалъэ цӀэрыӀуэхэм ящыщ
"ЯпэкӀэ укъалъытэкъым, тӀанэ къыпщодэхьэшххэ, яужкӀэ къозауэхэ. ИкӀэм уэ уатокӀуэ."
"Дунейм и инагъыр ирокъур цӀыху къэс зыхуэныкъуэр игъуэтыфын, ауэ цӀыкӀущэ, цӀыхухэм я нэпсеягъэр ирригъэкъун"
[гъэтэрэзын] ПэмыкӀхэр
[гъэтэрэзын] ТехьэпӀэхэр
- Gandhi IMDB - м
- Hey Ram IMDB - м
- Махатма Ганди проэктым «Зэуэншэ»
- Ганди теухуа напэкӀуэцӀ (урысыбзэкӀэ)
- Ганди и сурэт
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |