Jump to content

Лъэпкъ Зэгуэт Организациэ еджэныгъэм, шъэныгъэм, културэм пылъ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Лъэпкъ Зэгуэт Организациэ еджэныгъэм, шъэныгъэм, културэм пылъ
Нып
Лъэпкъыгъуэм и типыр Дунейпсо лъэпкъыгъуэ
ЗэхуэсыпӀэр Париж, Фрэндж
Генералу и директор Фрэндж Audrey Azoulay
Лэжьыгъэ гъэзанкӀэ хасэм и тхьэмадэ Урысей Э. В. Митрофанова
Лэжьыгъэбзэр инджылыбзэ, эспаныбзэ, урысыбзэ, фрэнджыбзэ, китаибзэ, хьэрыпыбзэ
Щыхалъхьар 1945 щакӀуэгъуэм и 16

Официал сайтыр

Лъэпкъ Зэгуэт Организациэ еджэныгъэм, шъэныгъэм, културэм пылъ (инджылыбзэкӀэ Unesco — United Nations Educational, Scientific and Cultural Organization) — Лъэпкъ Зэгуэт Организациэм къытекӀауэ щыт. Щашъар 16 шъакӀуэгъуэм 1945 гъэм дуней псом хуэсакъыну шъэныгъэм, еджэным, културэм, коммуникациэхэм теухуауэ, ядэӀапыкъуну. И конституциэр пӀэм щыувар 4 шъакӀуэгъуэм 1946 гъэм, 20 къэралхэм хагъэкӀуэтыкӀауэ. Унэнэхъышъхьар Париж дэт, нэхъышъхьу тетыр Ирина Бокова, Балгариэ къэралым щыщ.

Зыпылъхэр цӀыхухэм я зэфӀэувэкӀэр, лъэжьыгъэр, културнэ шъэныгъэхэр нэхъ ин щашъкӀэ нэхъ щыхэхъуэкӀэ я лъэпкъ хабзэхэр ямыгъэкӀуэду, зарахьурэ ахэр яшъынум, еджэныр дуней псом и лъэныкъу хъуам яӀану пылъхэ.

Еджэныгъэм идежь организациэр нэхъ зыпылъыр егъэджакӀуэхэм, унагъуэхэм, унэхэм я зэхэтыкӀэр проэкт яшъурэ, школхэр яшъыну абыхэм яхуэныкъу хъуар якӀэтыну еджэфын, лэжьэфын шъхьакӀэ.

Културэм и елэжьэныр зытегъэпсыхьар хабзэм нэхъ пылъыну-зэрахьану лъэпкъ тхыбзэ зымыӀахэм я усэхэр, хъыбарыжъхэр тхылъу къыдагъэкӀыну, тхыдэхэм иратхэну, тхылъ еджэныр джылэм къаублэну.

Audrey Azoulay, Unesco-м и нэхъышъхьэ.
ЦӀэр Къэралыр Щытетар
1. Джулиан Хакслей Британиэшхуэ 1946–1948
2. Хайме Торрес Бодэт Мексикэ 1948–1952
3. Джон Уилкинсон Тэйлор АШЗ 1952–1953
4. Лутэр Харис Эванс АШЗ 1953–1958
5. Витторино Веронесе Урым 1958–1961
6. Рене Меё Фрэндж 1961–1974
7. Амадоу-Матар М'Боу Сенегал 1974–1987
8. Федерико Майор Сарагоса Эспаниэ 1987-1999
9. Коичиро Мацуура Япон 1999–2009
10. Ирина Бокова Балгариэ 2009–2017
11. Audrey Azoulay Фрэндж 2017–Иджыри къыздынэс