Афгъанистэн

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Афганистэн къызыхэкӀар)
Афгъанистэн Мыслъымэн Республикэ
пушту د افغانستان اسلامي جمهوریت
дари جمهوری اسلامی افغانستان
Дэмыгъэ Афгъанистэным
Афгъанистэным и нып Афгъанистэным и дэмыгъэ

Кординатхэр: 33°56′00″ с. ш. 66°11′00″ в. д. / 33.933333° с. ш. 66.183333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «دا وطن افغانستان دی» 
Хуитыныгъэм и махуэ 1919 шыщхьэӀум и 19 (зхэкӀар Британиэшхуэм)
Нэхъышъхьэбзэхэр пушту, дари
Къалэ нэхъышъхьэр Кабул
Къалэ нэхъ инхэр Къабул, Къандагъар, Герат, Мазари-Шариф
ӀэнатӀэ хабзэр Мыслъымэн республика
Лидерышхуэ Хайбатулла Ахундзада
Диныр Ислъам
ШӀыпӀэр
• Псори
41-нэ дунем
647 500 км²
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2009)
Ӏувагъыр

28,150,000 цӀыху (37-нэ)
43,5 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$21,39 млрд  (96-нэ)
$760
Сомыр (Валутэр) Афгани
Интернет-доменхэр .af
Телефон кодыр +93

Афгъанистэн Мыслъымэн Республикэ (пушту د افغانستان اسلامي جمهوریت, дари جمهوری اسلامی افغانستان) — Азиэ курытым хэт къэрал. Къалэ нэхъышъхьэр — Кабул. Дунем и зы къэрал нэхъ тхьэмышкӀэхэм ящыщ. 1978 щыкӀэдзауэ иджыри къыздынэсым къэралым джылэ зауэ йокӀуэкӀыр.

Хэкумэтх[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Афганистэным и хэкумэтх
Афгэнистэным и шӀыпӀэтхыпхъэ

Афгъанистэным и гъунапкъхэр здырикӀуэхэр: ишъхъэрэм — Тыркумэнистэным, Узбэчыстэным, Таджыкыстэным; къуэкӀыпӀэм — Хъутэймрэ, Пакистанымрэ; къуэхьэпӀэм — Къажэрым Ӏохьэ. Хым Ӏухьэгъуэ иӀэкъым Афгъанистэным. Къэралым и шӀыпӀэм и инагъыр — 647 500 км².

Езы шӀыпӀэр нэхъыбэм къуэкӀэ-бгыкӀыу щыт. Къэралым и нэхъыбэр Къажэр Ӏуащхьэхэм хэт. Ишъхъэрэ лъэныкъуэм Бактрий губгъуэр хэлъ. ШӀыпӀэ куэдыр пшахъуалъэ Регистанымрэ Гармсирымрэ яубыд, абым пэмыкӀыу мывэ-пшахъуалъэ Дашти-Маргоми.

ШӀыкӀэлъыгъуэ сэбэпыгъуэ къэралым иӀэ — фатэгын, гас, налмэсхэр, гъущӀнывэхэр. Ауэ абыхэм я елэжьыным зэран хуэхъур къуэкӀэ-бгыкӀэ шӀыпӀэмрэ ифраструктурэ зэфӀэмыгъэувамрэ.

Климэтыр континенталу, гъушъу щыт. Темперэтурэ курытыхэр щӀышылэм зэрыхъур 0° — 8° С, бадзэуэгъуэм 24° — 32° С.

Тхыдэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Афганистэным и тхыдэ

Афгъанистэным и лъэпкъхэм тхыдэшхуэ яӀа, илъэс мин бжыгъэ хъууэ. СтратегиэмкӀэ хэкум шӀыпӀэфӀ зэриӀыгъым шъхьэкӀэ, Афгъанистэныр бжыгъэрэ зэпэубыдыгъуэ хъут и гъунэгъ нэхъ лъэшхэм я дежь.

VI ди лъэхъэнэм и пэм Афгъанистэным и шӀыпӀэр Ахьмэдин империэм хэт. ЛъэхъэнитӀ текӀауэ Ахьмэдин империэр хокӀуадэ Македониэм и Александрым и зекӀуэхэм. Александыр дунем ехыжьа яуж, и къэралыр зэхэхуа хъуа, иджырей Афгъанистэным и лъэныкъуэ гуэрэхэр Селеусид империэм хеубыдэ, яужым Алыдж-Бактрий пэштыхьейм хэхьа.

Куэш лъэпкъхэм я зекӀуэхэр зэрежэу Алыдж-Бактрий пэштыхьейр хокӀуадэ.

Курыт лъэхъэнэхэм Афгъанистаныр хьэрыпхэм яубыд, дин кӀэ мыслъымэныгъэр къыздахьауэ. XI лъэхъэнэм Афгъанистэныр тырку империэ Газнавидэм хэт.

Ахьмэд шах Дуррани, Дуррани империэр хэзылъхьар

XIV лъэхъэнэм Афгъанистаныр азиэкурытым щыщ пэштыхь Темырым еубыд. Темырыр дунем ехыжьа яуж, Темырейхэм я къэрал зэфӀоувэ, къалэ нэхъышъхьэр Гератэм дэту. Моголышхуэхэм я империэр хэзылъхьа Темырей лъэпкъым щыщу, яужыреуэ къэна пщы Бабурым, къэрал кӀэ хелъхьэ, къалэ нэхъышъхьэр Кабул дэту, абым икӀыурэ зекӀуэхэм макӀуэ Индиэм.

XVIII лъэхъэнэм пщы-хэку зытӀущу афгъанистэныр зэхэт, яужым къажэр пэштыхь Надир шахым иубыдхэр. 1747 гъэм афгъан лъэпкъхэм я хасэм унафэ яшъыр Дуррани къэрэлыгъу зэхэхьануху, тхьэмаду теувар абым Ахьмэд шах Дуррани.

XIX лъэхъэнэм британиэ колонистхэм я ӀэнатӀэр Афгъанистэным трагъэувэ, зауитӀ ирагъэкӀуэкӀа яуж (1838-1842; 1878-1880 гъэхэм).

Къэралым и хуитыныгъэр къыщиштар 1919 гъэм, абым щыгъуэ Пэштыхьей Афгъанистэн джоуэ. Дунейпсо зауитӀым щыгъуэ Афгъанистэным зыми и лъэныкъуэ къыштакъым.

1978 гъэм револуциэ йокӀуэкӀыр, япэрей респубрикэ траӀуэ къэралым, и президенту хъур Мухьэмэд Даут. 1979 гъэм аргуэру револуциэ йокӀуэкӀ, Мухьэмэд Даутыр трагъэкӀри яукӀыр, къэралыр Афгъанистэн Демократ Республикэ мэхъур (АДР).

Къэралым джылэ зауэ къожьэр, иджыри къыздынэсым йокӀуэкӀ. 1979 гъэм къэралым советхэм я дзэр йохьэ (1989 гъэм щикӀыжьахэр). Советхэм я дзэр икӀыжьа яуж АДР-р хокӀуадэ.

1996 гъэм къэралым и ӀэнатӀэр талибхэм яубыд, ауэ абыхэм я ӀэнатӀэр къэзылъытар Пакистаным, Сауд Хьэрыпейм, ХьӀЗ-м къуэдейхэм.

АШЗ-м ултиматум игъувар лъэпкъэгъу террорист Ӏусамэ бин Ладэныр къатын щамыдэм къэралым америкэм и дзэхэр йохьэ, талибхэм я ӀэнатӀэр яфӀокӀуэд.

ӀэнатӀашъхьэ кӀэуэ трагъува шъхьэкӀэ, къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм и сурэту щыту, и тхьэмадэу Карзай Хьэмиду джылэ зауэр увэӀэкъым, нэхъ иныжьу екӀуэкӀын кӀидзэжьа мыхъумэ.

Къэрал зэхэтыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

2006 гъэм парламентым и зэхуэс

Иджырей конституциэр 2004 гъэм къыкӀагъэкӀа. Абым зэритымкӀэ, Афгъанистаныр мыслъымэн республику щыт, президент ӀэнатӀашъхьэм кӀэту, абым мыслъымэн хабзэхэмрэ къуэкхьэпӀэ лъэныкъуэ хабзэхэмрэ зэхэтху щыту.

Къэралым, хасэм, къэрал дзэзэшу щытыр президентыра, илъэсиплӀкӀэ хах, зэрхахыр тӀоуэ мынэхъыбу зэкӀэлъыпыту хахыфыну.

ХабзэдэгъэкӀ ӀэнатӀэр тӀууэ зэхокӀ Лъэпкъ Ассамблеэу, депутат 249 хэту.

Абым пэмыкӀыу пӀэшхуэ зыӀыгъыр Лойя-джиргам (Хасэ) — къэрал псом и нэхъыжъхэм я хасэ, зэпэубыдыгъэ къыкъуэкӀхэр зэхэгъэкӀыным шъхьэкӀэ зэхуачэсыр.

Джылэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Афгъанистэн лъэпкъ зэхэсыкӀэм я шӀыпӀэтхыпхъэ
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Афганистэн и джылэр

Джылэ зауэ екӀуэкӀым шъхьэкӀэ, джылэ бжыгъэр къэралым ирагъэкӀуэкӀыфкъым, абым шъхьэкӀэ бжыгъэ, лъэпкъх, бзэ зэхэтыкӀэр къэралым гурыӀуэгъуэ иӀэкъым, къэлъытэгъуэкӀэ яшъ мыхъумэ.

Къэлъытэгъуэ гуэрэхэмкӀэ, 2009 гъэм къэралым джылу дэсыр млн 28, 4 цӀыху ягъува.

Лъэпкъ нэхъ ину щытхэр: пуштунхэр (42-38%), таджыкхэр (38-22%), хазарахэр (9-10%), узбэчхэр (9-6%), аймакхэр (4-2%), тыркумэнхэр (3-1%), белэджхэр (2-1%) пэмыкӀхэри.

ДынкӀэ нэхъыбэр мыслъымэнхэ.

Экономикэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Афганистэн и экономикэр
Афгъан алэрыбгъухэр

Афгъанистэн къэрал нэхъ тхьэмышкӀэхэм ящыщ. Абыми къэдэшъу икӀи нэхъри зэӀызгъэхьэр джылэ зауэ екӀуэкӀым.

ВКӀуП зы цӀыхум техуэмкӀэ (800$ хуэдиз), къэралым 219-нэ пӀэр иӀыгъ дунем.

Хабзэ лэжьыгъу экономикэм хэтыр губгъуэ-лэжьыгъэ, гъавэ къэкӀыгъэхэр (гуэдз, хьэ, пхъышъхьэмышъхьэ гъэгъуахэр), былым зехуэкӀэ.

КъыкӀэгъэкӀыгъуэхэр зэфӀэгъувауэ щыткъым, фабрикэ, советхэм щыщ специалистхэр хэту яшъахэтэр АДР-м щыгъуэ иэ зэхэкъутахэ иэ мылажьу щытхэ.

АШЗ-мрэ НАТО-мрэ я дзэр къэралым зэрихьэрэ, афиян лэжьыгъэхэр нэхъыбу дэкӀуэя. Наркотику къыдагъэкӀымкӀэ Афгъанистаныр дунейпсом япэреуэ ит.

ЩэхуэнымкӀэ къыдэшъ къэралхэр АШЗ, Джэрмэн, Азиэ Курытым и къэралхэр. Къэралым и ахъчэр — афгъани.

АдминистрациэмкӀэ и гуэшыгъуэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Афгъанистэн — къэрал унитару щыт. АдминистрациэмкӀэ вилаят (хэку) 34 мэгуэш, езыхэр куейкӀэ гуэшыжху.

Афгъанистэн и администрациэ гуэшыгъуэм и шӀыпӀэтхыпхъэ
Баглан Дайкунди Нангархар Урузган
Бадахшан Джаузджан Нимроз Фарах
Бадгис Забул Нуристан Фарияб
Балх Кабул Пактика Хост
Бамиан Кандагар Тахар
Вардак Каписа Пактия
Газни Кунар Панджшер
Герат Кундуз Парван
Гилменд Лагман Саманган
Гор Логар Сари Пул

Дзэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Солдатхэр Афгъанистэн и дзэм
Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Афганистэн и дзэр

Дзэр зэрзэфӀагъувэр НАТО-м и дэӀэпыкъуэгъукӀэ. И бжыгъэр зэрыхъур мин 100 хуэдиз. Дзэр зэрзэхэкӀыр щӀызекӀуэдзэрэ, Лъэпкъ уэгу-зауэдзэрэ, специал баталионрэ джоуэ. Ӏэшэ - НАТО къэралхэмрэ РССЗ-мрэ къыдагъэкӀахэра.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]