Jump to content

Ислъам

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
‎(Мыслъымэнхэр къызыхэкӀар)
Тэухьидым и симбол

Ислъам е Мыслъымэныгъэ - "Ибрэхьим динхэм" ящыщ зы Тхьэ закъуэ зиӏэ динщ.[1] Мыслъымэнхэм я фӏэщ мэхъу Тхьэм тхьэлӀыкӀуэ (бегъымбар) куэд, псалъэм папщӏэ, Ибрэхьим, Хьисэ, Мыхьэмэд (Мыслъымэнхэм хабзэу яӀэщ бегъымбар Мыхьэмэд и цӀэр къыщраӀуэкӀэ "саллаллахьу алэйхьи уэ сэллэм" жаӀэу), къигъэкӏуауэ цӏыхухэм гъуэгу захуэ ирагъэлъагъун икӏи хабзэ тэмэм ирагъэщӏэн папщӏэ. Мыслъымэнхэм махуэм тхуэ нэмэз ящӏ икӏи нэщӏмазэм нэщӏ яӏыгъщ. Ислъамым деж Мыхьэмэдыр иужьрей бегъымбару ялъытэ.[2]

Къурӏаныр мыслъымэнхэм я тхылъ лъапӏэщ.[3] Мыслъымэнхэм я фӏэщ мэхъу Къурӏаныр бегъымбар Мыхьэмэд мелыӏыч Джэбрэӏил къыхуихьауэ. Абы ит 114-рэ Іыхьэ, "Сурэ"-кӏэ еджэу.[4] Къурӏаным Іуэху куэдым тепсэлъыхь, псалъэм папщӏэ: хабзэфӏым и гъуазэхэм, тхыдэм, теологием, космологиэм, дунейм и къэхъукӏэм.[5][6] Къурӏаным къыджеӀэ абы щыуагъэ е зэпэщӀэуэныгъэ къыхэдгъуэтэну е абы ещхь тхылъ дгъэхьэзырыну. Цӏыхубэмкӏэ зыкъытхуегъазэ, дуней псом тет ӏэщӏагъэлӏ псори зэхуэтшэсу а къалэныр дгъэзэщӏэну. Абы къыдегъэкӏуэкӏ мыри: ар зэи тхузэфӏэкӏынукъым, сыту жыпӏэмэ Къурӏаныр Тхьэм и псалъэ нэгъэсащ.[7]

  1. "Islam: An Overview" Oxford Dictionary of Islam. John L. Esposito, ed. Oxford University Press Inc. 2003. Oxford Reference Online. Oxford University Press.
  2. Muhammad Mustafa Al-A'zami (2003), The History of The Qur'anic Text: From Revelation to Compilation: A Comparative Study with the Old and New Testaments, ss. 26–27. UK Islamic Academy. ISBN 978-1872531656.
  3. Nasr, Seyyed Hossein (2007). "Qur'an". Encyclopædia Britannica Online.
  4. The Cambridge Companion to the Quran
  5. Saeed, Abdullah (2008). The Qurʼan: an introduction. London: Routledge. p. 62. ISBN 978-0-415-42124-9.
  6. The major themes and topics of the Quran
  7. Leaman, Oliver, ed. (2006). The Qur'an: an encyclopedia