Шым и зэхэзекӀуэкӀэхэр
ЗэхэзекӀуэкӀэ — шыхэм я зекӀуэкӀэ-жэкӀэ.
Абыхэм къахэкӀыу щыӀэхэр: лъэбакъуэ, лъэбакъуэхъу, ущ, лъэхъу, кӀуэр, хьэмкӀэ, хьэмкӀэ теутӀыпщхьэ.
ЗэхэзекӀуэкӀэхэр тӀууэ зэхагъэкӀхэ, ахэр — зэхэзекӀуэкӀэ къабзэмрэ, цӀыхум къигупшысамрэ джоуэ.
Хэтхахэр |
ЗэхэзекӀуэкӀэ къабзэр [гъэтэрэзын]
Лъэбакъуэ [гъэтэрэзын]
Лъэбакъуэм дежь шым и лъакъуэхэр зэкӀэлъыужурэ мэбакъуэ, псалъэм папшъу: сэмэгурабгъу икӀэр — сэмэгурабгъу гупэр, ижьырабгъу икӀэр — ижьырабгъу гупэр джоуэ. ЩызекӀуэм иӀэтыр зы лъакъуэ иэ лъакъуитӀ зэдэгъусу.
Лъэбакъуэ зекӀуэкӀэм и псынкӀагъыр метритӀ зы секундэм хуэдиз. Лъэбакъуэ зэхэзекӀуэкӀэр нэхъыбэм къыздагъэшъхьэпэр хьэлъэзешэшхэм я гъэлъэгъуэнхэм дежь, къэрууэ яхэлъыр гъэлъэгъуэным, гъэпсыным шъхьэкӀэ.
Лъэбакъуэхъу [гъэтэрэзын]
Лъэбакъуэ зекӀуэкӀэ мыхьэнэ, ауэ шыр нэхъ бгъуэуэ хэбакъукӀурэ зокӀуэ.
Лъэхъу [гъэтэрэзын]
Лъэхъум дежь шыр бгъунжырыкӀу мэбакъуэ, зэдэгъусу зытеувэхэр: сэмэгурабгъу гупэр — ижьырабгъу икӀэр, ижьырабгъу гупэр — сэмэгурабгъу икӀэр. ЩызекӀуэм идежь лъэкъуитӀыр еӀэтыр.
Лъэхъум зэхэзекӀуэкӀыу ущи къыхокӀ зы къудаму, лъэхъу хом хуэду
Лъэхъу зекӀуэкӀэм и псынкӀагъыр метрипшъ зы секундэм хуэдиз. Къыздагъэшъхьэпэр нэхъыбэм шыгъажэхэра. ЗэхэзекӀуэкӀэм и цӀэм теухауэ шы лӀэужыгъуэ бжыгъэхэм траӀуа: орол, урыс, фрэндж, америкэ джоуэ.
КӀуэр [гъэтэрэзын]
КӀуэр зэхэзекӀуэкӀэм шым и лъакъуит зы лъэныкъуэхэмкӀэ бакъурэ макӀуэ: сэмырабгъу гупэ — сэмырабгъу икӀэ, ижьырабгъу гупэ — ижьырабгъу икӀэ. КӀуэр лъэхъум нэхъри нэхъ псынкӀыу щыт, къушъхьэ шыхэм я зекӀуэкӀэдыдэхэм щыщу (Кърым, Къаукъаз шыхэм, америкэ лъэхъухэми джоуэ).
КӀуэр уанэ зытелъым иэ гум кӀэшъа шыхэм нэхъ тынч зекӀуэкӀыу къалъытэ.
ХьэмкӀэ [гъэтэрэзын]
Шым и нэхъпсынкӀэ зэхэзекӀуэкӀэра, и псынкӀагъыр км 80 сэхьэтым нэсыфыну. ХьэмкӀэр ижьрабгъу иэ сэмэгурабгъу лъэныкъу зэхагъэкӀыр: ижьырабгъу лъэныкъуэм дежь шыр япэ сэмэгурабгъу икӀэ лъакъуэмкӀэ мэбакъуэ, яужым ижьырабгъу икӀэмкӀэ — сэмэгурабгъу гупэмкӀэ, ижьырабгъу гупэмкӀэ, а псом яуж шым и лъакъу хъуар Ӏэтауэ щыту мэхъур, шыр гъогушъхьэм «щохуарзэ». ХьэмкӀэ ижьырабгъу (иэ сэмэгурабгъу) джоуэ кӀеджэр нэхь кӀыхьу щызекӀуэм и ижьырабгъу (иэ сэмэгурабгъу) гупэ лъакъуэр зэриукъуэдим шъхьэкӀэ.
ХьэмкӀэ теутӀыпщхьа [гъэтэрэзын]
ХьэмкӀэ зэхэзекӀуэкӀэм и зы къудаму къыхагъэкӀ, зекӀуэкӀэ нэхъ псынкӀэдыдэра. Шым и пкъыр щыжэм дежь и джабэ лъэныкъуэр егъэч, и кӀэбдзитӀыр фӀалъитӀым япэ кӀидзурэ мажэр. Езы зекӀуэкӀэр адрей псомкӀи хьэмкӀэ хуэдэ къабзу щыт.
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- ЯХУЭМЫФАЩЭУ лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Шэрджэс А. 2009 гъ.
- Черкесское наездничество — ЗекӀуэ. Марзей А.С. Налшыч. «Эльбрус». 2003 гъэ.
|
|
||
|---|---|---|
| Шым теухуа щӀэныгъэхэмрэ зехуэнымрэ |
Шым и Ӏэплъэпкър • Шым и Ӏусыр • Шыгуартэ • Шым и кӀэлъыплъыгъуэр • Шы зехуэныгъэ • Шы плъыфэр • Шым и зэхэзекӀуэкӀэхэр | |
| Шыджэгухэмрэ спортымрэ | Шы зехуэным теухуа псалъалъэ • Шыджэгухэм я тхылъ • Шы щӀэщӀэгъуэ • ШхуэӀу • Шхуэ • Уанэ • Шыгъажэ • Шэсыныр • Шыгъажэхэр Олимпиэ джэгухэм • Гъэлъэгъуэнхэр • Шуун Ӏэсагъэ | |
| Эволуциэмрэ тхыдэмрэ | Шыр Ӏэсэ зэрыхъуар • Шыхэр зауэм • Шыхэр Лъэхъэнэ Курытхэм • Шыхэр Ишъхъэрэ Азиэм и тхыдэм • Шыхэр Япэрей дунейпсо зауэм • Шыхэр ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм • Шыхэр Адыгэ Хэкум и тхыдэм | |
| Уанэшхэмрэ пэмыкӀ лӀэужъыгъэхэмрэ |
Шы лӀэужъыгъэхэм я тхылъ • Шы Ӏэлмэхэр • Шыгушхэр • Шы хуабэлъхэр • Шыгъажэшхэр • ЗекӀуэшхэр • Шыд • Зебрэ • Губгъуэшыд • Къыдыр • Зеброид | |
| Категориэ:Шыхэр | ||
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |