Шы плъыфэр
Шы плъыфэ — шым и цым, фэм, нэхэм я фэр. Гъэпсыгъуэ я зэшъхьэщыкӀыгъуэмкӀэ нэхъыфӀу языту щытыр.
Хэтхахэр |
Нэхъышъхьэ плъыфэхэр [гъэтэрэзын]
Пэсырей зэманым щыкӀэдзауэ плъыфиплӀ нэхъышъхьу къалъытэхэ, ахэр:
- Гъуабджэ
- Гъуэзэфэзэ
- КъуафцӀэ/Къарэ
- ПцӀэгъуэплъ
Адрей плъыфэхэр къебжэкӀа плӀым къахэкӀху къэлъытэгъуэ яӀэ.
Плъыфэхэр [гъэтэрэзын]
Гъуабджэ [гъэтэрэзын]
Зи цыр тхъуауэ щытыр. Схуэдэ плъыфэми къахэкӀыфыну, гъэ къэс я тхъугъэ хэхъурэ. ПцӀэгъуэплъу къэхъуар куэд темыкӀауэ шыкӀэ гъуабджэ хъуфыну мазэ зытӀущ текӀауэ, гъэ къэс цыпэ хужьхэм я бжыгъэр хэхъурэ. Шыр дунан (илъэсиплӀ) ныбджым и нэсыгъуэм дежь и фэр гъуэбджэху щытыфыну.
- Гъуабджэ плъыфэхэр:
Гъуэзэфэзэ [гъэтэрэзын]
И кӀыфэпсор плъыжьу щыт; гъуэжьыхум щыкӀэдзауэ гъуабджэ хуэкӀыфӀым нэсу. И сокумрэ кӀапэмрэ я фэр и кӀыфэм ем шъхьэщыкӀыу щытыфыну — нэхъ хуэнэху иэ нэхъ хуэкӀыфӀу.
- Гъуэзэфэзэ плъыфэхэр:
КъуафцӀэ [гъэтэрэзын]
КъуафцӀэ иэ къарэ — фӀыцӀэ.
- КъуафцӀэ плъыфэхэр:
ПцӀэгъуэплъ [гъэтэрэзын]
Шы зи кӀыфэр гъуабджу щытыр, гъуэплъым къыщыкӀэдзауэ фӀыцӀафэм нэсыфу, ауэ и сокур, лъакъуэхэр (кӀэбдз зэрытыпӀэм щыкӀэдзауэ), кӀапэр джоуэ фӀыцӀу щытхэ.
- ПцӀэгъуэплъ плъыфэхэр:
Плъыфу хъуам къахэкӀыфынухэр [гъэтэрэзын]
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
| Шы плъыфэр Уикисурэтылъэм? |
- ЯХУЭМЫФАЩЭУ лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр. Шэрджэс А. 2009 гъ.
- Черкесское наездничество — ЗекӀуэ. Марзей А.С. Налшыч. «Эльбрус». 2003 гъэ.
- Коневодство Кабарды. Налшыч. 1952 гъ.
|
|
||
|---|---|---|
| Шым теухуа щӀэныгъэхэмрэ зехуэнымрэ |
Шым и Ӏэплъэпкър • Шым и Ӏусыр • Шыгуартэ • Шым и кӀэлъыплъыгъуэр • Шы зехуэныгъэ • Шы плъыфэр • Шым и зэхэзекӀуэкӀэхэр | |
| Шыджэгухэмрэ спортымрэ | Шы зехуэным теухуа псалъалъэ • Шыджэгухэм я тхылъ • Шы щӀэщӀэгъуэ • ШхуэӀу • Шхуэ • Уанэ • Шыгъажэ • Шэсыныр • Шыгъажэхэр Олимпиэ джэгухэм • Гъэлъэгъуэнхэр • Шуун Ӏэсагъэ | |
| Эволуциэмрэ тхыдэмрэ | Шыр Ӏэсэ зэрыхъуар • Шыхэр зауэм • Шыхэр Лъэхъэнэ Курытхэм • Шыхэр Ишъхъэрэ Азиэм и тхыдэм • Шыхэр Япэрей дунейпсо зауэм • Шыхэр ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм • Шыхэр Адыгэ Хэкум и тхыдэм | |
| Уанэшхэмрэ пэмыкӀ лӀэужъыгъэхэмрэ |
Шы лӀэужъыгъэхэм я тхылъ • Шы Ӏэлмэхэр • Шыгушхэр • Шы хуабэлъхэр • Шыгъажэшхэр • ЗекӀуэшхэр • Шыд • Зебрэ • Губгъуэшыд • Къыдыр • Зеброид | |
| Категориэ:Шыхэр | ||