Уэгунэбзу
Къыздихар Уикипедиэ
| Уэгунэбзу | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Calandrella brachydactyla Leisler, 1814 |
||||||||||||||||
|
Уэгунэбзу (лат-бз. Calandrella brachydactyla) — унэбзу хэкӀыгъуэм щыщ уэгунэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр[гъэтэрэзын]
Унэбзум ещхьщ, и теплъэр щхъуэ-гъуэжьыфэщ, кусэ фӀыцӀэхэр хэлъу, ныбэ щӀагъыр хужьщ, гъуэжьыфэ мащӀэ къыщӀэуэу, ӀэпапӀэ фӀыцӀэхэр я бгъэгухэмрэ джабэхэмрэ хэлъу.
Здэпсэухэр[гъэтэрэзын]
ЛӀэужьыгъуэм ущыпэщӀохуэ Къаукъазым и губгъуэхэм, къумыпӀэхэм, нэгъуэщӀ хэкухэми щопсэу. ЩӀымахуэм ди хэгъуэгухэм уэгунэбзухэр нэхъыбэщохъу ищхъэрэмкӀэ къызэрилъэтыкӀым папщӀэ.
Щогъуалъхьэ мывалъэ-пшахъуалъэхэм, ятӀагъуэ щӀыпӀэхэу къэкӀыгъэр здэпӀащэхэм.
Ӏусыр[гъэтэрэзын]
Уэгунэбзухэм куэду яшх мацӀэ, пкӀауэ, цӀыв, бадзэ, хьэндырабгъуэ, щыгъыныхь, абыкӀи щхьэпэгъуэ ин мэхъу.
Тхылъхэр[гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |