Уэгунэбзу лъэпкъыр
Къыздихар Уикипедиэ
| Уэгунэбзу лъэпкъыр | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
| Alaudidae Vigors, 1825 |
||||||||||||
|
Уэгунэбзу лъэпкъыр (лат-бз. Alaudidae) — унэбзу хэкӀыгъуэм щыщ лъэпкъщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Инхэкъым, унэбзум хуэдизынщ, е нэхъ пӀащаӀуэхэщ. Быдэу зэхэщӀыхьахэщ, я пкъым елъытауэ щхьэшхуэхэщ, лъакъуэ кӀэщӀхэщ, я дамэхэр кӀыхьщ, бгъуэщ, фӀыуэ къажыхь икӀи мэлъатэ. Я теплъэм кусэ бэуэ хэлъщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щопсэу Азиэм, Африкэм, Еуропэм. УащыпэщӀохуэ губгъуэ тафэхэм, вагъэхэм, къумхэм, мэз лъапэхэм. Здэгъуалъхьэр щӀылъэм деж. Шырхэр анэми хъуми зэдапӀ.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Я Ӏусым хохьэ удз жылэ, хьэпщхупщ, гъудэбадзэ.
Лъэпкъыгъуэхэр [гъэтэрэзын]
Лъэпкъыгъуэ 19 мэхъу, лӀэужьыгъуэ 78-рэу зэщхьэщыкӀыу, ахэр:
- Mirafra
- Pinarocorys
- Heteromirafra
- Certhilauda
- Chersomanes
- Eremopterix
- Ammomanes
- Alaemon
- Ramphocoris
- Melanocorypha
- Уэгунэбзухэр Calandrella
- Spizocorys
- Eremalauda
- Chersophilus
- Galerida
- Pseudalaemon
- Lullula
- Alauda
- Eremophila
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |