Удхэр
Уд — бзылъхугъэ, Ӏэзэгъуэ зиӀэ, шхъуэ зезыхьэ, Ӏоху Ӏей е фӀы зышъэ.
[гъэтэрэзын] Псалъэр къызхэкӀар
| Мы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыри итхакъым.
Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйр тегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ. |
[гъэтэрэзын] Тхыдэм зэригъэлъагъуэр
ЦӀыху Ӏэзэгъуэ зиӀахэм, шхъуэ зезыхьахэм пэсырей зэманым пщӀэ хуашъурэ щыта. Еуропэ къэралхэм уду хъуар Ӏеуэ ягъэлъагъуэмэ адыгэ ӀуэрыӀуатэхэм удхэр Ӏеуи фӀыуи къыхокӀыр. Сэтэней нарт хъыбархэм уду хэт, Ӏэзэгъуэ куэд зэрехьэ, и ӀэзэгъуэмкӀэ нарт лъэпкъым ядоӀэпыкъур бэуэ, ӀэзэгъуэкӀэ Сэтэней пыщыту нартхэм зэран яхуэхъур нэуэжъ-уд НэжьгъущӀыдзэ.
Адыгэхэм удхэм я Ӏэшъагъэм нэхъыбэм тралъхьэтэхэр: уз цӀыхум хуагъэкӀуэн, мэшыр, былымыр хагъэкӀуэдэн, алмэстыхэм дэпсоху, я теплъэр зэрахъуэкӀыфху (шэрхъу, джэдууэ, тхьэджэду е пэмыкӀыу хъуфху).
[гъэтэрэзын] Уд Хасэ
Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэм къахокӀ хъыбар бжыгъэ удхэм Хасэ яӀу, я Хасэр илъэсым зэ Собэр-Ӏуащхьэ и шыгум ирагъэкӀуэкӀыу (езы Ӏуащхьэми етӀуанэ цӀэ зэрихьэр «Уд-Ӏуащхьэ», Ӏуащхьэмахуэ хуэдыуи адыгэ лъэпкъым пкӀэ зыхуашъ Ӏуащхьэ).
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |