Jump to content

Жыггуащэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Жыг-гуа́щэНарт ӀуэрыӀуатэм бзылъхугъэцӀэ «Мэзгуащэ», «Хадэгуащэ», «Псыхъуэгуащэ» адрейхэми хуэду къыхэкӀ. А цӀэуэ хъуам псалъэ Гуащэм мыхьэнэ хилъхьэр «нэхъышъхьэ, тхьэ». Езы цӀэм егъэлъагъуэ гуащэр жыгхэм и мыхьэнэкӀэ зэрпышъар, я тхьэуэ зэрыщытыр.

Жыг-гуащэм и сурэтым антропоморфуи изоморфуи мыхьэнэ хэлъу къыхокӀыр. Зэргъэлъэгъуар жыгышху, шӀым къыщыкӀидзу уэгум нэсу, и теплъэкӀэ Дунейжыгым ехьчу. Яужырем хуэду зандэгъуэкӀэ зэпегъэувэр «икӀагъыр-ишъхьэр», «шӀыгур-уафэр», «шӀыгу-хьэдырхэ». Зы ӀуэрыӀуатэм Нартхэм я хъыбарым хэхьам, Жыг-гуащэм пэмыкӀ мыхьэнэхэри зэрехьэ, зы къэбэрдей хъыбарым зэрхэтыр мыра:

« — НакӀуэ, сыфшэ, — жиӀэри Лъэпщ, тхьэӀухудхэм яуж иувэри кӀуащ. Нэсмэ, зы жыг зэрамыщӀэж щытщ, жыгыуи мыжыгщ, цӀыхуи мыцӀыхущ — зи щӀысыр къыпхуэмыщӀэну. И лъабжьэр кууэ щӀым хэту, и щхьэцыр пшэм хуэду уэгум инышху телъу, и ӀитӀыр цӀыхуӀэу, и нэкӀур дахэм я нэхъ дахэу, дыщэмрэ дыжьынымрэ къыхэщӀыкӀауэ. »

ЗэрыхъумкӀэ, Жыг-Гуащэ и теплъэм дуней зэхэтыкӀэр зыхеубыдэ, и мыхьэнэмкӀэ Дунейжыгым хуехьчу. А ехьчыгъуэр нэхъ къыздыхэщыр зэгъэлъытэгъуэм Жыг-Гуащэмрэ шъэныгъэ жыгымрэ зы Дунейжыг хуэду. Абым хуэду Лъэпщ идежь Жыг-Гуащэр къыщыпсалъэм джыреӀэр:

« — Ухэмыукъуэ, Лъэпщ, щӀэныгъэ ухуеймэ сэ уэстынщ, си лъабжьэр щӀым щӀэлъщи щӀым къехъулӀу хъуар сощӀэ, си щхьэцыр уэгум телъщи, уафэм къехъулӀу хъуари сощӀэ. ЩӀым гъунэ иӀэкъым. »

Last edited 6 years ago by YiFeiBot