Псыкъуаргъ
| Псыкъуаргъ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Alcedo atthis Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
гъэпсом щӀымахуэр здырихыр |
||||||||||||||||
|
Псыкъуаргъ (лат-бз. Alcedo atthis) — псыкъуаргъ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр[гъэтэрэзын]
Тхыр, щхьэр — къащхъуэ-лыдщ; жьэгъур, бгъэгущхьэр, ныбэ щӀагъыр — улиягъуафэщ. Лъакъуэ плъыжьщ, дамэбгъуэ кӀэщӀщ, пэ кӀыхь захуэщ.
Здэпсэухэр[гъэтэрэзын]
Щопсэу Еуропэм, Африкэм, Азиэм я щӀыпӀэ щхьэхухэм. Щогъуалъхьэ нэпкъ задэ псы хуом Ӏуфэхэм, чыцэ, жыг зэщӀэкӀахэр зыӀутхэм. И нэхъыбэм абгъуэр псыщхьэ нэпкъым щащӀ ихьэпӀэр къудамэхэм ягъэпщкӀуу, абы «гъуэкӀэ» уеджэмэ нэхъ хуэфащэщ, и гъэпсыкӀэр апхуэдэщи. Хъури анэри зэдэӀэпыкъуурэ, нэпкъым пэкӀэ къыщырауд бгъуэнщӀагъ см. 30-100-м нэс кууагъыу, къыраудар лъэбжьанэкӀэ къыратхъуурэ. Ар илъэс бжыгъэкӀэ къагъэсэбэп. Гъэм тӀо къраш. Ди псыӀуфэхэм, псалъэм папщӀэ: Балъкъ, Бахъсэн, ИнжыджцӀыкӀу, Инжыджышхуэ, Псыжъ, Шэрэдж, Тэрч я деж мылъэтэжу щопсэу. Я бжыгъэкӀэ курытщ.
Ӏусыр[гъэтэрэзын]
Ӏус нэхъыщхьэр бдзэжьейщ. Яшх гъудэбадзи, хьэмблыуи, псы псэущхьэ цӀыкӀуфэкӀухэри.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр[гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.