Мэзхуэусэ
Къыздихар Уикипедиэ
| Мэзхуэусэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Lullula arborea Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
|
Мэзхуэусэ (лат-бз. Lullula arborea) — уэгунэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
ТеплъэкӀэ бзухьэгуагуэм ещхьщ, нэхъ цӀыкӀущ. ТхыцӀэр гъуабжэщ, кусэ фӀыцӀэхэр ирехыу, ныбэ щӀагъыр хужьщ удзыфэ-гъуэжь къыщӀэуэу, хулъащхьэмрэ бгъэгумрэ кусэ фӀыцӀэ цӀыкӀухэр хэсщ, и кӀэ къабзийхэм хужь ӀэпапӀэ щимэхэр хыболъагъуэ. И щхьэм хьэгуагуэ мащӀэ тесщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Мэзхуэусэхэр щогъуалъхьэ Къаукъазым нэмыщӀу Ищхъэрэ Африкэм, Курыт, КъухьэпӀэ Еуропэм, Азиэ ЦӀыкӀум я мэз гъунэхэм. Ди хэгъуэгухэм мылъэтэжу щопсэу. Абгъуэр щыщӀ щӀылъэ кумб цӀыкӀухэм. Гъэм тӀо мэгъуалъхьэ.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусым хохьэ цӀыв, щыгъыныхь, хъумпӀэцӀэдж, нэгъуэщӀхэуи удзым къыщагъуэтыр. Гъатхэмрэ бжыхьэмрэ къэкӀыгъэ жылэ яуӀу.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.