КъардэнгъущӀ, Зырамыку

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Мы напэкӀуэцӀыр зэхагъэхьэну мыхьэнэ иӀэКъардэнгъущӀ Зырамыку .
Ар къызхэкӀымрэ абы тепсэлъыхьынымрэ — напэкӀуэцӀым [[Википедиэ:Зэхэгъэхьэн/ Frhdkazan (talk) 12:59, 2 Накъыгъэм и 2017 (MSK) ]].
Тепсэлъыхьыныр зы тхьэмахуэ йокӀуэкӀ (иэ нэхъыбэ, хому кӀуэмэ).
Тепсэлъыхьын щыкӀэдза махуэр — Frhdkazan (talk) 12:59, 2 Накъыгъэм и 2017 (MSK) .
Тепсэлъыхьыным хуэмыныкъуэмэ (занкӀыу шъын хуэймэ), къэгъэсэбэп нэмыщӀ шаблонхэр.
КъардэнгъущӀ Зырамыку
КъардэнгъущӀ Зырамыку ПӀатӀурэ и къуэ
И лэжьыгъэр: икуствэмрэ щӀэныгъэмрэ и лэжьакӀуэ
Къыщыхъуар: 1918 щӀышылэм и 1(1918-02-01)
Къыздэхъуар: Псыгуэнсу къ. Къэбэрдей-Балъкъэрым
Дунейм щехыжар: 2008 дыгъэгъазэм и 25(2008-12-25) (90 гъ.)
Дунейм здехыжар: Къэбэрдей-Балъкъэрым
Къэрал зыщыщтэр: Урысей
Наградэхэр: Къ-Б-м искусствэмкӀэ щӀыхь, Адыгэ къ-м искусствэмкӀэ щӀыхь.

КъардэнгъущӀ Зырамыку (щӀышылэм и 1-м 1918 гъэ — дыгъэгъазэм и 25-м 2008 гъэ) — Къ-Б-м искусствэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ, Адыгэ къ-м искусствэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ.

ГъащӀэтхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КъардэнгъущӀ Зырамыку ПӀатӀурэ и къуэр щӀышылэм и 1-м 1918 гъэм Арыуан куейм щыщ Псыгуэнсу къуажэм мэкъумэшыщӀэ унагъуэм къыщалъхуащ.

1926 гъэм Зырамыку къуажэ школым щӀэтӀысхьэри ар ехъулӀэныгъэкӀэ къиухащ.

1935 – 1940 гъэхэм Мэзкуу дэт ГИТИС – м щеджащ.

1940 гъэм Зырамыку Дзэм къулыкъу щищӀэну ираджащ. Дуней Зауэшхуэ етӀуанэм хохуэ. 1945 гъэм КъардэнгъущӀым и лъахэм къигъэзэжащ. Aр 1948 гъэ пщӀондэ Къэбэрдей Къэрал драмтеатрым и сценэм артисту щыджэгуащ. КъардэнгъущӀым адыгэ драматургием и зыужьыныгъэм лэжьыгъэфӀ хилъхьащ, ар лъэпкъым и уэрэджыӀакӀуэ.

1949 гъэм къыщыщӀэдзауэ 1952 гъэм нэс КъардэнгъущӀыр Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ-къэхутакӀуэ институтым ӀуэрыӀуатэмкӀэ и секторым щолажьэ.

1952 гъэм Зырамыку Къэбэрдей-Балъкъэр Къэрал пединститутым щӀохьэри ар 1956 гъэм ехъулӀэныгъэкӀэ къеух. Абы и ужькӀэ ар Къэбэрдей-Балъкъэр «Элбрус» тхылъ тедзапӀэм редактору щолажьэ, литературэмкӀэ лэжьыгъэ зэмылӀэужьыгъуэхэр егъэзащӀэ, пщӀэрэ щӀыхьрэ иӀэу и ӀэнатӀэм пэрытщ.

Апхуэдэурэ илъэсищ хуэдизкӀэ редактору лэжьа нэужь, КъардэнгъущӀыр 1959 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр щӀэныгъэ-къэхутакӀуэ институтым егъэзэжри ӀуэрыӀуатэмкӀэ секторым Ӏохьэж.

КъардэнгъущӀым лэжьыгъэшхуэ ирегъэкӀуэкӀа адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэхьэсыным, ахэр джыным, гъэзэщӀэным теухуауэ.

Адыгэ уэрэдыжьхэр цӀыхубэм деж нэхьэсынымкӀэ зэфӀэкӀ иныр зэриӀэр къалъытэри, КъардэнгъущӀ Зырамыку 1964 гъэм «КъБАССР-м искусствэмкӀэ щӀыхь зиӀэ и лэжьакӀуэ» цӀэ лъапӀэр къыфӀащащ. Адыгэ щэнхабзэмрэ литературэмрэ хуищӀа зыужьыныгъэм папщӀэ КъардэнгъущӀым тӀэунейрэ къратащ Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩӀыхь тхылъ.

КъардэнгъущӀ Зырамыку 1964 гъэм УФ-м и ТхакӀуэхэм я зэгуэтым хэтт.

Лэжьыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

гъэхэр лъэжьыгъэм и цӀэр
1940 Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ. Пьесэ.
1945 Уэращ зи фӀыщӀэр. Хуумыгъэгъу. Зэщомыгъэгъупщэ. Усэхэр.
1951 Нартхэр. Къэбэрдей эпос. (Бэдынокъуэрэ Мэлычыпхъурэ я циклхэр).
1955 Къэбэрдей цӀыхубэ уэрэдыжьхэр.
1956 Хъуэжэ. Пьесэ
1958 Нэгумэ Шорэ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ (АдыгэбзэкӀэ зэридзэкӀа)
1958 Мыщэ шу. Таурыхъхэр.
1959 Адыгэ таурыхъхэр.
1959 Дыщэ кӀанэ. Адыгэ таурыхъхэр.
1959 Хъуэжэ и таурыхъищэ.
1959 ЗэхэгъэкӀыпӀэ.
1960 Ныбжэгъу пэж. Таурыхъхэр.
1961 Золотая крупинка. Кабардинские сказки.
1962 Уэрэдылъэ. Иджырей уэрэдищэ
1963 Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр. Япэрей том.
1963 Хъыбарыжь кӀэщӀхэр.
1964 Къэбэрдейм и иужьрей джэгуакӀуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ.
1965 Адыгэ псалъэжьхэр. Япэрей том.
1965 Ислъэмей къафэм и цӀэр къызэрежьам и хъыбар.
1965 Алмэсты.
1965 БотинкӀэ щӀэрыпс.
1966 Агънокъуэ Лашэ и усэхэр.
1967 Адыгэ псалъэжьхэр. ЕтӀуанэ том.
1968 Япэ адыгэ цӀыхубз усакӀуэ Чым Пэщхъан.
1969 Адыгэ уэрэдыжьхэр.
1970 Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр. ЕтӀуанэ том.
1970 Ӏэнэмрэ гупымрэ. Адыгэ хабзэм щыщ.
1971 ДжэгуакӀуэшхуэ, усакӀуэ Ӏэзэ Мыжей Сэхьид.
1972 Щолэхъу шы лъэпкъымрэ дамыгъэмрэ.
1973 Хэт хъун Андемыркъаныр?
1974 Нарты. Адыгский героический эпос.
1975 Ӏей пщӀауэ фӀы ущымыгугъ. Пьесэ.
1977 Кабардинские народные сказки.
1979 Адыгэ уэрэдыжьхэр.
1980 Къэбардэрэ Алътудрэ. Пьесэ.
1980 Кабардинские народные сказки.
1981 Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов. Япэрей том.
1981 Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов. ЕтӀуанэ том.
1981 Нэгей и къуэ Лъэпщагъуэ. Адыгэ таурыхъхэр.
1981 Верный друг. Рассказы для детей.
1981 Къарэкъэщкъэтау зауэм хуауса уэрэдымрэ хъыбарымрэ.
1982 Адыгэ псалъэжьхэр.
1985 Адыгэ хъуэхъухэр.
1986 Народные песни и инструментальные наигрыши адыгов. Ещанэ том.
1989 Адыгэхэр къызэрыфэ пшыналъэхэр.
1990 Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ.
1994 Хъуэжэ и таурыхъищэ.
1995 Нартхэр. Къэбэрдей эпос.
1995 Адыгэ хабзу щыӀахэр.
1997 Мэлэчыпхъу и хъыбархэр.
2001 ГушыӀэ хъыбархэр.
2002 Андемыркъан.
2004 Адыгэ лъэпкъ пшыналъэхэр.
2004 Кабардинские народные сказки.
2005 Хэт нэхъ ин? Таурыхъхэр.

И псалъэ цӀэрыӀуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

КъэрдэнгъущӀ Зырамыку - Си гъащӀэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэ дыдэр сыкъэзылъхуа си лъэпкъым сыхуэлажьэу зэресхьэкӀарщ. ГъащӀэ кӀыхь къызэрызгъэщӀам теухуауэ жысӀэнуращ. Сэ пасэрей губзыгъэжь гуэрым жиӀа псалъэ Ӏущхэм сызэрытетыным сыхущӀэкъуащ. Мыращ абы жиӀар:

  • Жьэр гъэкъабзэ,
  • Бзэр гъэӀэсэ,
  • ПцӀы умыупс,
  • Псэм удэмылажьэ,
  • Жьыгъэм зумыгъэхь,
  • Хьэм уемытхьэкъу,
  • Бзаджэм уемыӀуалӀэ,
  • ЛӀыгъэм уримыбий.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]