Къажьыкъ лъэпкъыр
Къыздихар Уикипедиэ
| Къажьыкъ лъэпкъыр | ||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||
|
||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||
| Laniidae Rafinesque, 1815 | ||||||||||||
|
Къажьыкъ лъэпкъыр (лат-бз. Laniidae) — унэбзу хэкӀыгъуэщ, адрей лъэпкъхэм ӀупщӀу къагуощхьэхукӀ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Я пэхэр лъэщщ, цыр щабэ мыӀувщ, дамэхэр кӀэщӀ хъурейщ. Хъухэмрэ анэхэмрэ теплъэкӀэ зэхуэдэщ. Лъэбжьанэхэр лъэщщ, папцӀэ гъэшащ. Илъэсым зэ цы япхъыж.
Здэпсэухэмрэ шэнымрэ [гъэтэрэзын]
ЛӀэужьыгъуэ 67-рэм щыщу 10-м Урысейм и щӀыналъэхэм уащыпэщӀохуэ. Я нэхъыбэр псэущхьэшхщ, лъэтэж къахокӀ. Абгъуэр егугъуу щащӀ гъурцхэм, е жыг къудамэхэм, мэз Ӏувхэм зыпыӀуадз. Шхын гъэтӀылъыгъэ ящӀ, банэхэм, жыг къудамэ папцӀэхэм къаущэкӀур фӀаӀуурэ.
Щопсэу Африкэм, Азиэм, Аустралиэм, Ишъхъэрэ Америкэм, Еуропэм я гъурцхэм, мэз лъапэхэм, мэз кусэхэм.
ЗэхэгъэкӀыгъуэр [гъэтэрэзын]
Лъэпкъыгъуищу зэхагъэкӀ, ахэр:
- Къажьыкъхэр Lanius
- Corvinella
- Eurocephalus
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
