Къажьыкъышхуэ
| Къажьыкъышхуэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Lanius excubitor Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
Гъэпсом щӀымахуэр здырихыр |
||||||||||||||||
|
Къажьыкъышхуэ (лат-бз. Lanius excubitor) — къажьыкъ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ. Мы бзур псэущхьэшххэм хабжэ, зэрану къихьым сэбэпыр ебэкӀыу къалъытэ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
И лъэпкъэгъухэм ялъытауэ пӀащэщ. Дамэ лъэныкъуэр см. 10,4-12,3. Я щӀыбыр щхъуэ-ежьафэщ, щӀагъыр хужьщ, щхъуэхэр мащӀэу къыщӀэуэу.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Къажьыкъыщхуэр щопсэу Еуразиэм, Ищхъэрэ Африкэм, Ищхъэрэ Америкэм. Щыгъуэлъхьэну нэхъ къыхах чыцэ жыг гуэрэнхэр, жыг щхьэхуэхэр зэрыт тафэхэр, чыцэ зыкӀэрыт джабэхэми уащыпэщӀохуэ. Абгъуэр жыгыщхьэхэм фӀащӀыхь.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусыр — гудэбадзэ, шындырхъуо, губгъуэдзыгъуэ, хьэндыркъуакъуэ, езыхэм нэхърэ нэхъ цӀыкӀу къуалэбзухэр.
ЛӀэужьыгъуэ къуэдзэхэр [гъэтэрэзын]
- Къажьыкъышхуэдамэху (лат-бз. Lanius excubitor homeyeri);
- Lanius excubitor melanopterus;
Молэмусэ Хь. мы псоми адыгэбзэкӀэ зэреджэу зы фӀэщыгъэщ къигъэлъагъуэр. Хьэлэмэтщ, Брэм А. ахэр зэгъунэгъу дыдэу къелъытэ, зэгъусэуи я щыӀэкӀэ-псэукӀэми топсэлъыхь[1].
Молэмусэ Хь. зэритхымкӀэ, етӀуанэр Ищхъэрэ Къаукъазыкум къолъатэ жэпуэгъуэм щӀымахуэр щрихыну, мэлыжьыхьым пщӀонди зыщеӀэжьэ. ЗэрхуигъэфащэмкӀэ, къажьыкъыщхуэдамэхур ди хэгъуэгум щогъуалъхьэ[2].
Гу лъытыгъуэхэр [гъэтэрэзын]
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |