Jump to content

Ипшэ Америкэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Ипшэ Америкэ — ипшъэ шӀыпӀэ Америкэм, ШӀыгум ИкъуэхьапӀэмрэ Ипшъэ Лъэныкъуэм щыхэт. ТӀумщыгъуи ишӀыпӀэ гуэрэхэр Ишъхъэрэ Лъэныкъуэм хеубыдэ. Хыхэм Ӏуфэ здиӀар: Шъэху океаным — къуэхьапӀэмкӀэ, Атлантикэм — къуэкӀыпӀэмкӀэ, и гъунапкъэхэр Ишхъэрэ Америкэм и де Дариэн ӀузэвымкӀэ, Кариб хымкӀэ ирокӀуэ.

Ипшэ Америкэм абы пэмыкӀыу бжыгъэ хы тӀыгу амэ хабжэ, абыхэм янэхъыбэхэр къэрал хэтхэм яуэ. Кэриб хы тӀыгухэр Ишъхъэрэ Америкэм хабжэ. Ипшъэ Америкэм икъэрал Кариб хым илъхэр абы хэт: Колумбиэ, Венесуэлэ, Гайанэ, Суринам, Фрэндж Гуианэ яцӀэр — Кэриб Ипшъэ Америкэ

Псалъэ "Америкэр" япэдыду ицӀу тезытхар итхыпхъэм Мартин Валдзэмуллер, а итхыпхъэм шӀыпӀэм латиныбзэкӀэ Америго Веспуччи ицӀэр тритха. А хулъхугъэра жызыӀар Христофор Колумбым къыгъуэта шӀыпӀэхэр Индиэкъым, ахэр Хэку КӀэхэ, япэкӀэ Еуропэм ямышъахэр.

ШӀылъэм иинагъыр — 17,8 милыуан км², джылу дэсыр — 385, 742, 554.

ШӀылъэм итхыдэр щыуэ бгуэч хъуну. Япэрер - лъэпӀкъ исахэм (Еуропэм имыубыд кӀышъэ) язэфӀэувэкӀэр, къэру къыщаштам, яхэкӀуэдэжьыгъэр. ЕтӀыуану — Еуропэ къэралхэм яубыдын щыкӀадзар (Конкиста) — 1500-1800 гъэхэм. А гъэхэм шӀылъэм инэхъыбэр къэралитӀым яӀыгът (Эспаниэмрэ Португалиэмрэ) Апщыгъуэра лэтин-амэрикэм икъэрал нэхъыбэм ябзэри, экономикэри, къэралыгъуэри щызэфӀэувар.

Къэралыр Инагъыр (км²) Джылу дэсыр (2008 гъэмкӀэ)
1. Архентинэ 2,766,089 40,677,348
2. Боливиэ 1,098,580 8,857,870
3. Бразил 8,514,877 191,908,598
4. Венесуэлэ 912,050 26,414,815
5. Гайанэ 214,970 770,794
6. Колумбиэ 1,138,910 45,013,674
7. Парагуай 406,750 6,347,884
8. Перу 1,285,220 27,925,628
9. Суринам 163,270 438,144
10. Уругуай 176,220 3,477,778
11. Фолклэнд хы тӀыгухэр (Архентинэрэ Британиэшхуэрэ зэпаубыд) 12,173 2,967
12. Фрэндж Гуианэ (Фрэндж) 91,000 209,000
13. Чили 756,950 16,454,143
14. Экуадор 283,560 13,927,650
15. Ишъхърэ Джэрджэрэ, Ишъхърэ Сандыуч хы тӀыгухэр 3,093 20
Файл:Moxeno.jpg

ЭтникэмкӀэ Ипшэ Америкэ щыуэ бгуэч хъуну: индехэр, еуропэхэр, африканхэр. Колумбиэ, Экуадор, Венесуэлэ къэралхэм янэхъыбу дэсыр лъэпӀкъ зэхэпхъа (эспанхэмрэ лъэпӀкъ исахэмрэ къатекӀахэр). КъэралитӀ къуэдем: Перурэ Боливиэрэ индехэм янэхъыбаӀуэр. Брэзил, Колумбиэ, Венесуэлэ нэхъыбэ хъухэр африканхэра. Архентинэм, Чили, Брэзилым нэхъыбэхэр еуропэм къикӀахэм ящыщ — Эспаниэмрэ Урымымрэ. Брэзилым португалхэр, джэрмэнхэр, урымхэр, эспанхэр джоуэ янэхъыбу мэпсо.

Ипшэ Америкэм бзэ нэхъ яшъэхэр португалымрэ, эспаныбзэмрэ, Португал бзэмкӀэ здэпсалъэхэр Бразилым, ар 50 % джылу хъуам Ипшъэ Америкэм исхэм. Эспаныбзэр Ипшъэ Америкэм и нэхъыбэ къэралхэм ибзэ Ӏэташъхьа. Абы пэмыкӀыу индеэхэм ябзэхэр: кечуа (Экуадорым, Боливиэ, Перум джоуэ), гуарани (Парагуайрэ Боливиэрэ), араукани бзэр (Чилирэ Архентинэрэ)

Бзэхэмрэ, джылу зезыхьа-псалъэхэмрэ: