Ипшъэ Америкэ
Ипшъэ Америкэ — ипшъэ шlыпlэ Америкэм, Шlыгум Икъуэхьапlэмрэ Ипшъэ Лъэныкъуэм щыхэт. Тlумщыгъуи ишlыпlэ гуэрэхэр Ишъхъэрэ Лъэныкъуэм хеубыдэ. Хыхэм lуфэ здиlар: Шъэху океаным - къуэхьапlэмкlэ, Атлантикэм - къуэкlыпlэмкlэ, и гъунапкъэхэр Иишъхъэрэ Америкэм и де Дариэн lузэвымкlэ, Кариб хымкlэ ирокlуэ.
Ипшъэ Америкэм абы пэмыкlыу бжыгъэ хы тlыгу амэ хабжэ, абыхэм янэхъыбэхэр къэрал хэтхэм яуэ. Кэриб хы тlыгухэр Ишъхъэрэ Америкэм хабжэ. Ипшъэ Америкэм икъэрал Кариб хым илъхэр абы хэт: Колумбиэ, Венесуэлэ, Гайанэ, Суринам, Фрэндж Гуианэ яцlэр - Кэриб Ипшъэ Америкэ
Псалъэ "Америкэр" япэдыду ицlу тезытхар итхыпхъэм Мартин Валдзэмуллер, а итхыпхъэм шlыпlэм латиныбзэкlэ Америго Веспуччи ицlэр тритха. А хулъхугъэра жызыlар Христофор Колумбым къыгъуэта шlыпlэхэр Индиэкъым, ахэр Хэку Кlэхэ, япэкlэ Еуропэм ямышъахэр.
Шlылъэм иинагъыр - 17,8 милыуан км², джылу дэсыр - 385, 742, 554.
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] Тхыдэр
Шlылъэм итхыдэр щыуэ бгуэч хъуну. Япэрер - лъэпlкъ исахэм (Еуропэм имыубыд кlышъэ) язэфlэувэкlэр, къэру къыщаштам, яхэкlуэдэжьыгъэр. Етlыуану - Еуропэ къэралхэм яубыдын щыкlадзар (Конкиста) - 1500-1800 гъэхэм. А гъэхэм шlылъэм инэхъыбэр къэралитlым яlыгът (Эспаниэмрэ Португалиэмрэ) Апщыгъуэра лэтин-амэрикэм икъэрал нэхъыбэм ябзэри, экономикэри, къэралыгъуэри щызэфlэувар.
[гъэтэрэзын] Къэралхэр
| Къэралыр | Инагъыр (км²) | Джылу дэсыр (2008 гъэмкӀэ) | |
|---|---|---|---|
| 1. | 2,766,089 | 40,677,348 | |
| 2. | 1,098,580 | 8,857,870 | |
| 3. | 8,514,877 | 191,908,598 | |
| 4. | 912,050 | 26,414,815 | |
| 5. | 214,970 | 770,794 | |
| 6. | 1,138,910 | 45,013,674 | |
| 7. | 406,750 | 6,347,884 | |
| 8. | 1,285,220 | 27,925,628 | |
| 9. | 163,270 | 438,144 | |
| 10. | 176,220 | 3,477,778 | |
| 11. | 12,173 | 2,967 | |
| 12. | 91,000 | 209,000 | |
| 13. | 756,950 | 16,454,143 | |
| 14. | 283,560 | 13,927,650 | |
| 15. | 3,093 | 20 |
[гъэтэрэзын] Лъэпlкъхэр
Этникэмкlэ Ипшъэ Америкэ щыуэ бгуэч хъуну: индехэр, еуропэхэр, африканхэр. Колумбиэ, Экуадор, Венесуэлэ къэралхэм янэхъыбу дэсыр лъэпlкъ зэхэпхъа ( эспанхэмрэ лъэпlкъ исахэмрэ къатекlахэр ). Къэралитl къуэдем: Перурэ Боливиэрэ индехэм янэхъыбаlуэр. Брэзил, Колумбиэ, Венесуэлэ нэхъыбэ хъухэр африканхэра. Архентинэм, Чили, Брэзилым нэхъыбэхэр еуропэм къикlахэм ящыщ - Эспаниэмрэ Урымымрэ. Брэзилым португалхэр, джэрмэнхэр, урымхэр, эспанхэр джоуэ янэхъыбу мэпсо.
[гъэтэрэзын] Бзэр
Ипшъэ Америкэм бзэ нэхъ яшъэхэр португалымрэ, эспаныбзэмрэ, Португал бзэмкlэ здэпсалъэхэр Бразилым, ар 50 % джылу хъуам Ипшъэ Америкэм исхэм. Эспаныбзэр Ипшъэ Америкэм и нэхъыбэ къэралхэм ибзэ lэташъхьа. Абы пэмыкlыу индеэхэм ябзэхэр: кечуа ( Экуадорым, Боливиэ, Перум джоуэ ), гуарани ( Парагуайрэ Боливиэрэ ), араукани бзэр ( Чилирэ Архентинэрэ )
Бзэхэмрэ, джылу зезыхьа-псалъэхэмрэ
- Эспаныбзэ — 194 600 108
- Португалыбзэ — 191 480 630
- Инджылыбзэ — 800 00
- Нидерландхэбзэ — 510 000
- Фрэнджыбзэ — 230 000
|
|
||
|---|---|---|
| Антарктидэ • Аустралиэ • Африкэ • Еуразиэ • Ипшъэ Америкэ • Ишъхъэрэ Америкэ | ||