Дзэлыкъуэбгъэ
| Дзэлыкъуэбгъэ | ||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||
|
||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||
| Gyps Savigny, 1809 | ||||||||||||||
|
|
Дзэлыкъуэбгъэ (лат-бз.: Aegypiinae, ур-бз.: Грифы) — псэушъхьа, шакlуэ-бзу, бгъэхэм ящыщ
Хэтхахэр |
[гъэтэрэзын] Аплъэпкъыр
Якlыхьагъыр см. 95 - 114, яшъхьамрэ пшъэмрэ цыкlэкl нэхъ теткъым псэхэлlэл, кlуэцl-фэцlхэр щашхым къатемынэн шъхьакlэ. Дамэхэр бгъуэшху щытхэ, куэдрэ жьым ерсыну тегъэпсыхьауэ псэхэлlэл лъыху (нэхъыбэ дзэлыкъуэбгъэ яшхын), Я лъакъуэхэр адрей бгъыхэм хуэду яубыдыфу яхьыфкъым шхыныр, зекlуэнымрэ, къэжыхьынымрэ зтегъэпсыхьа къуэдер.
[гъэтэрэзын] Здэпсохэр
Дунейм ишlыпlу хъуам щопсоухэ Аустралиэм щымыхъукlэ. Ипшъэ Еуропэм, Африкэм, Ишъхъэрэ Азиэм, Ипшъэ Америкэм, Ишъхъэрэ Америкэм.
Къушъхьа лъэныкъуэшэмкlэ нэхъ заlыгъхэр ауэ губгъуэхэмкlы щыпсоун мэхъур ( шхын ирикъуу ягъуэтмэ ). Урысейм мы куэчу гъэпсом здэпсор Къаукъазым. Iуашъхьахэм м. 3 000 бгъуэхэр щешъыр, Алтайм м. 2 000 фlэкlыу.
[гъэтэрэзын] Зэрзэпыхьахэр
Илъэс щырикъухэм дзэлыкъуэбгъэхэр зэфlэувауэ щытхэ, мазае – гъатхэпэхэм идежь я бгъуэхэм йокlуэлъэжьхэ, кlэ ямышъу, зэрамхъуэкlыу.
Бгъуэхэм я бгъуагъыр см. 130 - 140, я лъэгагъыр см. 60 - 200. Бгъуэ кlуэцlым гуафэ, пхъафэ, удз, цы такъырхэр ираубгъуэ.
Джэдыкlэ щыгъэтlылъыр гъатхэпэм, зы мы нэхъыбу. Джэдыкlэм ифэр хужь-фlеифу щыт, плыжьу-гъуабджэу хэпхъауэ.
Джэдыкlэхэм хъури бзыри зэрахъуэкlху тес махуэ 55. Къыщыричхэр накъыгъэм ияпэрей махуэхэм. Чырхэр хомурэ хохъуэхэ, мазэ щырикъу къуэдем икlыфэцхэр къытокlэн кlадзэ, дамэцхэр см. 2-3 носыр, мэзитl щырикъухэм бадзэуэгъуэм ияпэрей махуэхэм цыр икlыфэм фlыуэ тет, ауэ икlапэмрэ идамэмрэ кlэкlыу щытхэ. Бгъуэ исын-пlыныр 3 - 3, 5 мазэкlэ йокlуэкlыр.
[гъэтэрэзын] Лъэпкъхэр
- Torgos - Африкэ дзэлыкъуэбгъэ
- Trigonoceps - Дзэлыкъуэбгъэ шъхьаху
- Pseudogyps - Дзэлыкъуэбгъэ джэбэху
- Necrosyrtes - Дзэлыкъуэбгъэ гъуабджэ
- Gyps - Дзэлыкъуэбгъэ
- Sarcogyps - Индиэ дзэлыкъуэбгъэ
- Gypohierax - Бджэныбжъэ дзэлыкъуэбгъэ
- Neophron -
- Aegypius - Дзэлыкъуэбгъэ къуафцlэ
- Gypaetus - Дзэлыкъуэбгъэ жэкlацэ