Джэдкусэ
| Джэдкусэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Burhinus oedicnemus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
гъэпсом щӀымахуэр здырихыр |
||||||||||||||||
|
Джэдкусэ (лат-бз. Burhinus oedicnemus) — джэдкусэ лъэпкъщ.Тхьэрыкуъэм нэхърэ нэхъ инщ, щӀылъэрыгъуалъхьэщ.
Лъакъуэ кӀыхьщ, щхьэшхуэ-нэшхуэщ, пэ кӀэщӀ быдэщ. ТхыцӀэр пшахъуэ-щхъуафэщ, кусэ фӀыцӀэхэр ирикӀуэу. Дамэ гуэлъым ӀупщӀу ирокӀуэкӀ хужь кусэшхуэ. Ныбэ щӀагъыр хужьыфэщ, и бгъухэмрэ хулъащхьэмрэ кусэ Ӏузэ фӀыцӀэхэр хэлъщ. Пэр гъуэжь-удзыфэщ, пэнцӀывыр фӀыцӀэщ.
Нэхъыбэм щопсэу къум гъубгъуэхэм, мэз лъапэ гъущэхэм — Ипщэ Еуропэм, Ищхъэрэ Африкэм, Ипщэ, КъухьэпӀэ Азиэм. Урысейм къыщизыш джэдкусэхэр щӀымахуэм мэлъэтэж Ипщэ Хьэрыпеймрэ КъуэкӀыпӀэ Африкэмрэ. Абгъуэ щищӀкъым, занщӀэу щӀыгум щокӀэцӀ, е пшахъуэм дей кумб мащӀэм. Зэ гъуэлъыгъуэр джэдыкӀитӀщы нэхъыбэ хъукъым.
Ӏусым хохьэ бадзэ, цӀыв, хьэндырабгъуэ, хьэмблу, шындырхъуо, дзыгъуэ цӀыкӀухэр.
ЛӀэщӀыгъуэ кӀуам псэуа къэхутакӀуэхэу Динник, Сатунин сымэ щхьэхуэщхьэхуэу зэратхамкӀэ, джэдкусэр щогъуалъхьэ Къаукъазум и къум щӀыпӀэхэмрэ тафэхэмрэ. Молэмусэ Хь. зэрыгугъэу щытамкӀэ — Тэрч-Гум уэхым. Черкесск и ипщэ лъэныкъуэ мэзкусэ гъунэм 1981-рэм фокӀадэм и 3-м тхакӀуэ Дыгъужь Къурмэн къыщыпэщӀэхуащ джэдкусэ и лъакъуэ къутауэ мылъэтэжыфу.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.