Губгъуэжьец
Къыздихар Уикипедиэ
| Губгъуэжьец | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Circus cyaneus Linnaeus, 1766 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
гъэпсом щӀымахуэр здырих |
||||||||||||||||
|
Губгъуэжьец (лат-бз. Circus cyaneus) — къашыргъэ лъэпкъым хыхьа жьец гупым щыщщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Я теплъэкӀэ хуабжьу зэщхьэщокӀ. Хъур щхъуэ-фӀыцӀафэщ, къащхъуэ мащӀэ къыщӀэуэу, кӀащхьэр хужьщ, тхъуагъэфэ къыпщыхъуу. Дамэ щӀагъыр хужьщ. Анэхэм я тхыцӀэр гъуабжэщ, гъуэ-гъуэжьыфэ ӀэпапӀэхэр хэсу. Ныбэ щӀагъыр гъуэжьыфэщ, тхыпхъэ гъуабжэхэр зэпекӀуэкӀыу хэлъу.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щопсэу Еуразиэм, Ишъхъэрэ Америкэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Урысейм щыӀэхэр мэлъэтэж, Къаукъазым къинэмыщӀауэ.
Губгъуэжьецыр щогъуалъхьэ тафэ нэщӀхэм — губгъуэхэм, хъупӀэхэм, псыхъуэхэм, мэз псыпцӀэхэм, мэз лъапэхэм. Абгъуэр щӀыгум щащӀ. Гъуалъхьэр анэм изакъуэщ, хъум абы Ӏус къыхуехь.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Нэхъыщхьэу губгъуэдзыгъуэ, бзу жьгъей, щӀылъэрыгъуалъхьэхэм я щыр, джэдыкӀэ, нэхъ мащӀэу — шындырхъуо, гъудэбадзэ пӀащэ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.