Ацтекхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Ацтек империэ
Ēxcān Tlahtōlōyān

Империэ
1428 — 1521


НауалӀыбзэ симболхэр

Ацтек империэм и хьэритэ (картэ).
Къалэнэхъышъхьэ ТеночтилӀан
Бзэ(хэр) НауалӀыбзэ
Дин Ацтек дин
Коаликуе и монолит, ацтек тхьэхэм я анэ. Этнографиэмрэ Тхыдэмрэ и музей. Мехъико къалэ

Ацтекхэр е Азтекхэр (зэрзэджэхэр: mēxihcah) — индей лъэпкъ Мексикэм и къэралыкум щыпсоуэ. Я бжыгъэр цӀыху 1,5 хуэдиз мэхъур. Ацтекхэм я цивилизациэр бэгъуауэ щытт ӀэшъагъэхэмрэкӀэ мифологиэмрэкӀэ. Къэралым и къалэнэхъышъхьу щыттэр ТеночтилӀан, псыхъурей Тескоком и Ӏуфэм Ӏутар, иджыпсту абы ипӀэм къалэ Мехъико тет.

ЦӀэр къызхэкӀар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

НауалӀыбзэкӀэ, ацтек лъэпкъым я анэдэлъхубзэм, псалъэ «ацтекым» къыкӀыр «АцлӀанам къыкӀа гуэрэ». Иджыреуэ псалъэ «ацтекхэр» къызхуагъэсэбэпу, абымкӀэ еджэхэр лъэпкъ зэхэгъэхьауэ зэпылъхэр щэхуэнымкӀэ, хабзэмкӀэ, динымкӀэ, бзэмкӀэ, ар Александр фон Гумболт и гукъэкӀыгъуэм къыхэкӀа, яужым XIX лъэхъэнэм ар мексикэ шъэныгъэ лъэжакӀуэхэм къашта, иджырей мексикэ джылэм индей джылэхэм ар траӀу зэхэдз яшъыфыным шъхьэкӀэ.

Езы ацтекхэр зэрзэджэхэр «меши́ка», «тено́чка» иэ «лӀалтело́лка» — къалэ къызхэкӀахэм елъытауэ (ТеночтилӀан, ЛӀателолко). Паслъэ «меши́кам» шъхьэкӀэ ацтекхэм я бзэмкӀэ mexica, Мексикэ псалъэр къызхэкӀыр ара, абым мыхьэнэ иӀэхэм гупшысыгъэ бжыгъэ къэтыр: псалъэ «Дыгъэ» науалӀыбзэкӀэ, ацтекхэм я пщы МешилӀи и цӀэ, псыудз теско псыхъурем къэкӀми апхуэдэ цӀэ зэрехьэ. Нэхъ цӀэрыӀуэ науалӀыбзэр зэздзэкӀ лэжьакӀуэ Мигел Леон-Партиджэм къэӀоху, а псалъэм къыкӀир «мазэку» — псалъэ metztli (МецлӀи — Мазэ), xictli (ШиклӀи — и ку). ПэмыкӀ зэджэгъуэ яӀэ «теночки» къэзхэкӀа хъуныр Теноча пщы цӀэрыӀуэ щэӀам къытекӀауэ.

Хъыбарыжъхэмрэ хабзэхэмрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хъабарыжъхэм къызэрхэкӀымкӀэ гуп бжыгъэ гуэрэхэр, яужым ацтек хъуахэр, Анауак и псыхъуэм къэкӀуауэ щытахэ, Тескоко псыхъурем и ишъхъэрэ лъэныкъуэ Ӏуфэм. А шӀыпӀэхэр здэщыӀэр фӀыуэ хышъыкӀыгъу щыт, ар иджырей Мехъико къалэм и курыкупс, ауэ езы лъэпкъ ацтекхэр къызхэкӀар иджыри къыздынэсым хэшъыкӀыгъуэ иӀэкъыи.

Мехъико къалэкум ит монумент, банэпкъым тес бгъэм блэ ишху япэрей ацтекхэм къызэралъэгъуар

Хыбарыхъым къызэриӀуатэмкӀэ ацтекхэм я жъыхэр ишъхъэрэ лъэныкъуэм къыкӀахэт, шӀыпӀэ АцлӀан зицӀэм, ахэр къэнэжьагъибл науалӀакахэм ящыщхэт (АцтекыбзэкӀэ nahuatlaca «науалӀыбзэкӀэ псалъэхэр», псалъэ «tlaca» къыхэкӀыр «лӀы» иэ «цӀыху»). ХъыбарымкӀэ ацтекхэр Тхьэ УиципочлӀим ичэхэт (ацтекыбзэмкӀэ Huitzilopochtli — «колибри сэмэгурабгъу» иэ «колибри-Ӏэсэмэгу»). Хъыбарыжъ пэмыкӀ цӀэрыӀум къыӀуатэр бгъэм топсэлъыхь банэпкъым хы тӀыгу псыхъурейкупсым итым тесу, блэ ишху — апхуэдэм идежь здалъагъум хъыбарымкӀэ лъэпкъым я унэкӀэр яшъын хуэт. А бгъэ блэ зышхым и сурэтыр мексикэ ныпып тет иджы.

ЗэрыхъумкӀэ 1256 гъэм ацтекхэр къурш ауэуэтэ къызтекӀэмрэ псынэ здежэхымрэ идежь тӀысахэ. Ар Чапултэпэку щыта - апщыгъуэм мэзт. Абым и пашъхьэм пыхъурей Тескокор илъа.

Ацтекхэм я къэкӀуэгъуэм идежь Тескоко и хъуреягъ шӀыпӀэр и Ӏуфэм Ӏут къалэ-къэралхэм яхэгуэчыхьэауэ щытт. Къалэ Аскапоцалко и тхьэмадэм и ӀэнатӀэр къалъытэри хы тӀыгу цӀыкӀуитӀым яде тӀысахэ, абдежьым къалэ ЛӀателолко халъхьа. Теноча и къалэр (ТеночтилӀан) щыхалъхьар 1325 гъэм. Зэманыр кӀуэхукӀэрэ ар Ӏэрышъэ хы тӀыгушхуэ хъуа, джыпсту ар Мехъиком и къалэку щыт.

Хъыбарым къызэриӀуатэмкӀэ ацтекхэр Анауак и псыхъуэм къыщыкӀуахэм лъэпкъ нэхъ мыгъэсадыду щытхэт адрейпсохэм ялъытамэ, абы щыгъуэ еджэн гугъэ яшъахэ, шъэныгъу адрей лъэпкъхэм яӀэуэ хъуам зырагъэсахэ — нэхъыбу къызхахахэр пэсырей толтекхэм.

Ацтекхэм я хабзэхэм куэд халъхьэт адрейхэм къыхахурэ, абыхэм щыщу дунер къызэрыхъуам и хъыбар, лъэхъэнэшхуиплӀым тепсэлъыхь, абыхэм ящыщу хъуар, псори, дунейкъутэжьыгъуэкӀэ иуху. Ди лъэхъэнэр — Науи-Оллин, етхуанэ лъэхъэнэ, етхуанэ дыгъэ, иэ етхуанэ къэхъукӀэ — къутэжьыгъуэм къыкӀелар НанауалӀ Тхьэм абы ицӀэкӀэ зызэриукӀыжьам шъхьэкӀэ. НанауалӀ - «уӀэгъэ закӀэ» (Тхьэхэм я нэхъ цӀыкӀу дыдэ я нэхъ шъэхухэм ящыщ, уэ Ӏэйхэм зэхьтэр, бэлыхь телъу, яужым Дыгъэ хъуа). А хъыбарыжъыр пэсырей къалэ Теуэтиуэканым («Тхьэ здэхъуа шӀыпӀэ») епха, ацтекхэр иджырей Мехъиком и псыхъуэм къыщыкӀуа зэманым идежь, къалэр нэкӀыу, пари къыдэмнэжьауэ щытт.

ПэмыкӀ хъыбарым къызэриӀуатэмкӀэ ШӀыгур тхьэ-зэтӀолъхуэныкъуэхэ ТескалӀипокимрэ КецӀалкоалӀымрэ я Ӏэшъагъу. ТескалӀипоким и лъэгур фӀэкӀуэда, шӀыгур щашъым де, абы шъхьэкӀэ и сурэтыр лъэгуншу ятхт, и къумшъэр къаплъу.

Къэралыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ацтекхэм империэ яӀэр, империэ нэхъыбэм яхьчу щытт, лэпкъ бжыгъэхэр хэсу, нэхъыбэмкӀэ къэралым и хабзэ зэхэтыкӀэр зтеттэр тыгъэ уасэ зэхуэхьэсыным, зы ӀэнатӀэ хабзэ имыӀу.

Ацтекхэм я ӀэнатӀэм кӀэта къалэхэм тыгъэ уасэ ин яту щыта шъхьэкӀэ, шӀым къыкӀах а лъэхъэнэм щыщ Ӏэмэпсымэхэм къагъэлъагъуэр лъхукъуэлӀхэм я псэукӀэр нэхъыфӀ хъуауэ къалэхэр ацтекхэм яубыда нэуж. Щэхуэныр я бий къалэхэми дэкӀыгъу рирагъэкӀуэкӀт. Зы лъэпкъ закъуэ ацтекхэм ятекӀуэфау щытар — пурепечар джэз джыдэ шъыным и нэхъышъхьэт.

Ацтекхэм я ӀэнатӀэм и нэхъ лэжьыгъэшху хъуар къалэ яубыдахэм я зэхуакум коммуникациэ далъхьэхэр. Курыт Америкэм (Месоамерикэ) псэушъхьэ гум кӀышъэ зэрахуэтэкъым, шэрхъи яӀэкъым абым шъхьэкӀэ гогухэр лъэс зекӀуэным тегъэпсыхьауэ яшът. Нэхъыбэм гъогу шъыныр тыгъэ уасэм хэхьэт. Гъогухэм счыгъу кӀэлъыплъхэт, бзылъхугъэр изакъуэ зекӀуэ хуиту ежьэфынут, гурышхъуэ хэмылъу, зекӀуэ тетхэр гъогум км. 10-15 къэс загъэпсэхуфынут, шхэфынут икӀи псунэми кӀуэфынухэт. Абым пэмыкӀыу гъогухэм зэкӀэлъыпыту хъыбарышъэхэр зекӀуэхэт, къэралым хъыбар къэхъухэр ацтекхэм къыхуаӀоху.

ТеночтилӀаным и нэхъышъхьэ тхьэмадэм еуропейхэр императору еджэхэт. НауалӀыбзэкӀэ императорым и ӀэнатӀэпӀашъхьэм ицӀэтэр Уэй ЛӀатоани, зэдзэкӀауэ — «Къэпсалъэшхуэ»: лӀатокхэр (науалӀыбзэкӀэ tlatoque, «къэпсалъэхэр») уэркъу щытхэт, джылэм я нэхъышъхьэху. ЛӀатоанихэм я ӀэнатӀэр хэхъуэт ТеночтилӀаным нэхъ зыкъиӀэтыху къэс. АуицолӀа щытехьэм идежь «лӀатоани» ӀэнатӀэпашъхьэр императорым хуэзэт, ауэ, а ӀэнатӀэпӀашъхьэр бын унагъуэ лъэужырыткӀэ кӀуэтэкъым.

Тхьэмадэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ацтекхэм я тхьэмадэхэр «лӀатоани»:

Лъэпкъэгъу зэхэтыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Лъэпкъэгъухэр зэрзэшъхьэщыкӀтэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бгъэ-фашэ зщыгъ хулъхугъэ

Хабзэ щыӀахэмкӀэ джылэр тӀууэ зэшъхьащыкӀт масеуалихэр (науалӀыбзэкӀэ macehualli — цӀыхухэ) лъхукъуэлӀхэр, пиллихэр уэркъхэр. Япэреуэ ӀэнатӀэпӀашъхьэр бынлъэужырытхэм яӀэкӀэхьэтэкъым, пиллихэм я быным пӀалъэ нэхъыбэ зэраӀэм еджэнымрэ мылъкумрэ емылъытауэ, уэ зэреджэфхэм шъхьэкӀэ гугъ нэхъ макӀэ ятелъу пилли хъуфхэт. Яужым, ӀэнатӀэпӀашъхьэр бынлъэужырытым яӀэкӀыхьу хъуа. Абым хуэду ацтек зауэлӀхэри пилли хъухэт, зауэм цӀэрыӀуэ хъуахэр. Ӏэрубыд зауэм къызэчхэрат зауэлӀ дзэм хэмыкӀ хъуфтэр, яужкӀэ зауэм къахьахэмрэ я цӀэрыӀуэгъуэмрэ ирагъэлъытэти зауэлӀхэр пилли хъухэт. Ацтек зауэлӀым Ӏэрубыд 3-4 зауэм къызэричым хуэду текиуакӀэ (науалӀыбзэкӀэ tequiua) еджэн кӀадзэт, апхуэдэм ӀэнатӀэпӀашъхьэ Бгъэ иэ Щомыщ [1] иратыфынут, абыхэм яуж ӀэнатӀэпӀашъхьэ лӀакатэккалӀ иэ лӀакочкалкалӀ иратыфынут. ЛӀатоани хъун шъхьэкӀэ зауэм Ӏэрубыд 17 мы нэхъ макӀыу иубыдын хуэт. КӀалэр щызэфӀэувэм идежь и шъхьэц пиупкӀтэкъым зауэм япэрей Ӏэрыубыд къыромэыч кӀышъэ. ЗэзэмызэкӀэ нэрыбгу тӀууэ иэ щыуэ зэхэхьэхэт ар яшъэным шъхьэкӀэ апщыгъэ абыхэм зареджэтэр ияк. Зэман бжыгъэ гуэрэ текӀауэ (зауищ хуэдиз) абыхэм Ӏэрыубыд къамычэфтэмэ траӀуэхэтэр масеуали, напэтеху къалъытэт зауэлӀ шъхьэцкӀыхьыр, Ӏэрыубыд къэзмычэфа къыкӀым, ауэ лӀыхэм къахэкӀт масеулиуэ щытын къыхэзых.

УнэӀутхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

УнэӀут, пхъэпшъэрыдз фӀэлъу

«ЛӀакотин» — унэӀутхэр адрейхэм хуэдууи ацтек лъэпкъэгъум пӀэшхуэиубыду, мыхьэнэшхуэ зэрихьэт, зауэ Ӏэрубыдхэм ямыхьчу. А унэӀутыгъэр куэду еуропэ колониэхэм яӀам емыхьчу щытт, пэсырей унэӀутэгъэм нэхъ ехьчу щыту. Нэхъапэ къэлъытэгъуэр зтехуэр унэӀутыр бынлъэужырытхэм я ӀэкӀэхьэтэкъым зеяр дунем ехыжьа яуж, унэӀутым и бын къэхъуар цӀыху хуиту щытт. УнэӀутым езым и мылъку иӀэфынут абым пэмыкӀыу езым и унэӀути иӀыгъыфынут. УнэӀутхэм я хуитыныгъэр къащэхужьыфынут икӀи яутӀыпщыжьыфынухэт зы Ӏыгъхэр Ӏэуэ къызэрахущытыр иэ зыӀыгъхэм яуэ саби къалъхуауэ къаӀохумэ ари ягъэзанкӀэфыжьмэ.

Нэхъыбэм, унэӀутыр зыӀыгъар лӀа яуж унэӀут зи лэжьыгъэр фӀыуэ къалъытэхэр яутӀыпщыжьхэт. Адрейхэр мылъкум дэкӀыгъу быным хуэкӀуэт.

УнэӀутыр езым и пӀалъэ къымытауэ пщэ хъунутэкъым, тхьэмадэ хасэм унэӀутыр мыдаӀу къыщалъытам щымыхъукӀэ. МыдэӀуэгъуэм къыкӀтэр: шъхьэхынэгъэ, кӀуэсэн бжыгъэрэ пылъамэ, иэ шэн Ӏэй иӀамэ. УнэӀут мыдаӀуэхэм пхъэм къыхэшъыкӀа пшъэрыдзышхуэхэр фӀалъхьэт я кӀыбымкӀэ хъуреуэ фӀэлъху. А пшъэрыдзхэм и къуэнчагъуэ къуэдеракъым игъэлъагъуэтэр, ахэр зэрыщытым зэран хуэхъут унэӀутым цӀыху гупым хэжын иэ зэв дэкӀыпӀэхэм идежь.

УнэӀут пшъэрыдз зыфӀэлъыр къыщащэхум идежь къэзыщэхум къыхуаӀохут а унэӀутыр дапшэрэ ящэжьу-къызэращэхуатэр. УнэӀут плӀэуэ ящэжьар мыдэӀуэгъуэм шъхьэкӀэ, тхьэлъэӀу укӀыгъу ящэфынут, апхуэдэ унэӀутхэм я уасэр нэхъ инт адрейхэм ям нэхърэ.

Ацтекыр унэӀут хъуфынут хьэя гуэрэишъауэ щыттэмэ. УкӀын хуэ унафэ яшъа хулъхугъэр зи шъхьэгъусэ иукӀа фызабэм унэӀуту иратыфынут. Адэм и къуэр унэӀуту ищэфынут, тхьэмадэ хасэм къуэр мыдаӀу къылъытамэ. ШӀыхуэ зымытыжь шӀыхуэтелъхэри апхуэду унэӀуту ящэфынухэт.

Джэгухэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

топджгупӀэ Куэрнавака идежь, Мексикэм

Фадэ алкол тӀэкӀу зыхэт «пулке» (науалӀыбзэкӀэ pulque), яӀу ефэн хуиту щытами, ацтекхэм хуадэтэкъым чэф хъуху абым ефэну илъэс тӀокӀищ иромэыкъу кӀышъэ. А хабзэм ебэкъуар яукӀт.

Иджырей Мексикэми хуэду ацтекхэм топджэгу фӀыуэ ялъагъут, ауэ абыхэм щыгъуэ щыӀэр «лӀачлӀи» (науалӀыбзэкӀэ tlachtli), пэсырей америкэкурытым щыщ джэгу «Ӏуламым» къытекӀа. Топ цӀыхушъхьэ хуэдиз хъууэ, каучук псом къыхэшъыкӀамкӀэ ириджэгухэт. Топым зэреджэтэр «олли» (науалӀыбзэкӀэ olli).

ПэмыкӀ къэӀуэтэгъуэ щыӀэхэмкӀэ топыр мывэм къыхэшъыкӀауэ щытт, апхуэдэ топ зхэта джэгур бзаджэ, гугъ Ӏэуэ щыта — топым и хьэлъагъыр апхуэдизкӀэ инти, гугъышху щыта хъуре дэдзапӀэ щэӀэм техуэныр, абым пэмыкӀыу а дэдзапӀэр лъагу щытт, джэгу цӀыхур уӀэгъэ мыхъуауэ макӀэ Ӏэуэ къыхэкӀыжьт а джэгум. ЦӀыху хъуре дэдзэгъум топыр издзэфар джэгу нэужым тхьэлъэӀу-укӀыгъэ яшът.

Егъэджэныгъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Илъэс пшъыкӀуплӀым нэгъунэ сабихэм я егъэджэныр анэ-адэхэм ятелът. Усэ хъыбарыжъ (хабэ гъэсэныгъэ зэхэлъ) щэӀэм уэуэлӀатоли («адэжъхэм я псалъэжъхэр») ицӀу, абым ацтек лъэпкъым и гъэсэныгъэ хабзэр хэлът. ГуфӀэгъуэми нашхъейгъуэми схуэдэ къэмыхъуами теухуауэ псалъэ щэӀэт; сэби дунем къытехьам фӀэхъус ирах псалъэ, дунем ехыжьар зэрагъэкӀуэтэжь псалъэ. Адэхэм я пхъухэм ирагъэшъэжьт зыкӀэлъыплъыжьын зэрхуэхэм, ауэ я напэхэр ямылэну ауанихэм яхьчу щымытын шъхьэкӀэ. Анэхэм я пхъухэр ягъасэт псомкӀи я шъхьэгъусэхэм къыдэшъыну, лъхукъуэлӀ тхьэмышкӀу щытми. КӀалэхэр шъэху, даӀуэху, лэжьакӀуэху ягъасэт.

КӀалэхэр еджэщым илъэс пщыкӀутхум ирагъажьэт. Еджэщхэр тӀууэ зэхэкӀхэт. Тепочкалим (науалӀыбзэкӀэ tepochcalli) тхыдэм, диным, зауэшъэныгъэм, щэхуэным, Ӏэшъагъэхэм джоуэ ирагъасэт. Калмекакым (науалӀыбзэкӀэ calmecac) нэхъыбу кӀэхьэхэтэр пиллихэм я быныра, абым тхьэмадэхэр (tlaktoc), шоджэнхэр, егъэджакӀуэхэр (tlatinimi) тхыгъэегъэкӀуэкӀхэр (tlacuilo). Абым дин хабзэхэм, илъэсым и бжыгъэ егъэкӀукӀыным, усэбзэм икӀи тепочкалими хуэду зауэшъэныгъэм ирагъасэхэт.

Пшъашъэхэр унагъуэ Ӏохухэм саби пӀынымрэ ирагъасэхэт, еджэн тхэныр ярагъашъэхэтэкъым.

Саби нэхъ губзыгъэхэр иэ уэрэдхэмрэ къафэ унэхэмрэ ягъакӀуэт иэ топджэгу унэм ягъакӀуэхэт. А итӀури пӀалъэшхуэ яӀу къалъытэт.

ТхьэлъэӀу егъэкӀуэкӀыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЦӀыхугъашъэ тыгъэ

Курыт Америкэмрэ Ипшъэ Америкэмрэ ацтекхэм я къэралым и къэру къыщишта зэмэныгъуэм тхьэлъэӀухэр куэду егъэкӀуэкӀт. Ауэ ацтекхэм ахэр инышху ящт я махуэгъэпсым щыщ махуэ пшъыкӀуию хъуам зы илъэсым, цӀыхухэр яукӀыу.

Гугъ шъын хуэй цӀыхухэр счыгъуи яукӀтэкъым тхьэлъэӀум идежь, кудхэм псэушъхьэхэри яшът, абым шъхьэкӀэ тегъэпсыхьэуэ ацтекхэм лама Ӏэсэхэр яӀыгът. Абым пэмыкӀыу мылъкум щыщ ятыфынут, ахэр якъуту тхьэхэм шъхьэкӀэ. Тхьэ КецӀалкоалӀым шъхьэкӀэ хьэнтрабгъуэхэмрэ колибрихэмрэ яукӀт. Абым пэмыкӀы цӀыхухэм езыхэм уӀэгъэ зашъыжьт апхуэдэм теухуэ тхьэлъэӀухэр щырагъэкӀуэкӀым, тхьэм шъхьэкӀэ я лъыр ягъажу, банэхэ щыгъэным иэ пкъым фӀэлъу зэрахьэт я кӀыфэр счыгъуи уӀэгъэ зышъ. Лъыр курыту, нэхъышъхьу щытт Курыт Америкэм и културэм. Хъыбарыжъ куэдым къаӀоху тхьэ науэхэм я лъыр зэратыр цӀыхухэм ядэӀэпыкъун шъхьэкӀэ. Етхуанэ Дыгъэм и хъыбарым тхьэуэ хъуам я гъашъэр ятыр цӀыхухэр къэнэжьын шъхьэкӀэ.[2]

А псоми цӀыхухэр зыхуэгъэхьэзыртэр тыныгъэ нэхъ индыдэм - цӀыху гъашъэм. ЯукӀыным и фэр шхъуантӀу ялэт (тыныгъэм и фэ), яужым яукӀынур пирамидэшхуэм и шъхьэм иӀэ пӀэм драчет. Абдежьым яукӀынур мывэ Ӏэнэм тралъхьэти и ныбэр тхьэлъэӀу сэкӀэ зэгуагъэжт, абым яуж и гур къырахти Дыгъэм худрахьет. Гур нывэ лъагъэ абым тегъэпсыхьэм иралъхьэт chac-mool зицӀэм, хьэдэр кӀэлъемкӀэ ирадзыхт, икӀагъым шоджэнхэм Ӏуалъэфыжьт. ТхьэлъэӀу укӀыгъэхэр нэхъыбэм зэрщытар езы яукӀынухэм пӀалъэ ятауэ, езыхэм я хуитыныгъэкӀэ, ауэ Ӏэрубыдхэм щыгъуэ, «тхьэлъагъу» яхуромэыкъутэмэ наркотик иратт.

Щыгъынхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ацтехэм я лъэпкъэгъум зыхуэпэныр Ӏэшъагъу къалъытэт, пӀэшхуэ щыгъыным хуашъу. Дунем адрей и лъэпкъхэм хуэдуи я щыгъынымкӀэ ягъэлъэгъуэн пылъхэт зэшъхьэщыкӀыгъуэ щыӀэхэтэр. Я щыгъыныр даху, куэду зэхэлъу щытами, Ӏэмэпсыму хэту хъуам гурыӀуэгъуэ яӀэт.

ШэкӀыр езэхэм яшът, лъэпкъ нэхъыбэм хуэду зэшътэр шэкӀыр бзылъхугъэхэрат. КъазхашъыкӀтэр бжъэхуц иэ агавам и тхьэмпэм цыжъ къыхэхамкӀэ, абыхэм пэмыкӀыу чыцӀыбжъэ тхьэмпэжэм къыхэха цыжърэ тхьэкӀуэмэкӀыхьыцымрэ.

Хулъхугъэ щыгъыныр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Хулъхугъэхэм я япэрей щыгъыну щытар, джэщкӀи зыщамыхтэр бгырыдз — машлӀалӀ. ШэкӀ тэкъырыр я бгым къыракӀэкӀти лъакъуэ зэхуакум дагъэкӀт яужым ипэмкӀэ япху, кӀапэ къэлэлэху къанэхэр иэ хадыкӀыу иэ кхъуакӀэкӀэ ягъэдахэт. КӀалэхэм бгырыдзэр зэрахьэн щыкӀадзэтэр илъэс пщыкӀуищ щырикъум идежь.

Пкъым щатагъэ щыгъыну щытар кӀакӀуэтилманлӀи. И сурэтыр зэрщытар плӀимэ кӀыхь шэкӀ такъыр, ижьрабгу дамэм иэ бгъэм иде япху (кӀыӀу иэ гъушӀ зэрыдзэ ацтекхэм яӀэкъым). Бгырыдзымрэ кӀакӀуэмрэ цӀыху ӀэтатӀэпӀашъхьу щыщу хъуам яӀэт ауэ унэӀутхэм, лъхукъуэлӀхэм яхэр нэхъыбэм хужьу щытхэт, париуи мы гъэдэхаху, ауэ уэркъхэм яхэр фэхэмрэ тхыпхъэхэмрэкӀэ бэгъуауэ щытхэт.

КӀакӀуэхэм я фэмрэ я тхыпхъэмрэ зэзыхьэм игурихь къуэдеракъым къыгъэлъагъуэтэр, зэфӀэкӀыныгъу иӀэхэри игъэпст, куэдым идежь а псори зэхэдзауэ, шъхьэдж хуэфашэм хуэду щытт, хуитыныгъэ щымыӀу зыхуэр зэрахьэну. Япэреуэ ар зтеухуатэр зауэлӀхэм я кӀакӀуэхэм, ахэр щыгъын къуэдеуэ щытакъым икӀи щӀыхьу ятхэт.

Шоджэнхэм я кӀакӀуэхэр фӀыцӀу иэ удзыфэ-кӀынфӀу щытт,тхыпхъэ къумшъхьэ-сурэтхэр яхэлъу. КӀакӀуэ удзыфэ-шхъуэнтӀафэ зезыхьэн пӀалъэ зиӀэтэр лӀатоани къуэдем - ацтекхэм я пщым.

Бгырыдзрэ кӀакӀуэмрэ пэмыкӀыу иджыри джанэкӀыхь зэрахьэхэт хулъхугъэхэм я Ӏэшъхьэхэр кӀэкӀу пыту - шиколли. Зауэм идежь хулъхугъэхэм бжэхуцкӀэ дытӀа джаынэ зщатӀагъэт, кӀыбым псэкӀэ псауэ, пкъым хуэфӀу щытт. ӀэхъуэмбитӀ иӀувагъу щытт апхуэдэ джанэр.

Бзылъхугъэ щыгъын[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Бзылъхугъэхэм нэхъэпэреуэ я щыгъынтэр кӀэпхын, шэкӀ такъырыр бгъэкӀагъым къырачэкӀти бгырыпх хэдыкӀамкӀэ кӀапхэт. апхуэдэ кӀэпхыныр и кӀыхьэгъымкӀэ я лъапэм нэст.

УнэӀутхэм ящыщ бзэлъхугъэхэмрэ къуаджэхэм дэс бзылъхугъэхэмрэ нэхъыбэм я бгъэр пцӀану къакӀухьт, ауэ къалэм дэсхэмрэ, лъхукъуэлӀхэмрэ уэркъхэмрэ ящыщ бзылъхугъэхэм джанэкӀыхь — уипил я кӀэпхыным къытралъхьэт, и пшъампӀэм идежь хэдыкӀауэ щыту. , махуэпсом зэрахьэ щыгъыныр кӀэху щытт, и фэр хужьу, ауэ джэгухэм щатӀагъэхэм къуэлэныгъу щыӀэр игъэлъагъуэт. Ахэр зылъэгъуа зекӀу хъуам гъэшъэгъуэну ар къэӀуатэт:

« А кӀэпхынхэм ящыщ тхыпхъэ-бгъэкӀэ гъэдэхахэт, адрейхэр тхыпхъэ-ухуэнакӀэ, ещанэрейхэм бзубгъэм ехьчу яхэлът, згуэрэхэм кӀэрахъуэм иэ тхьэмпэ зэхэлъым ехьчу тхыпхъэ яхэлът. Псоми кхъуакӀэ яӀэт, кӀэпхыну хъуам я кӀэр хэдыкӀауэ щытт. Джанэхэрамэ — згуэрэхэм тхыпхъэ гъуабджэ къэжэх яхэлът, адрейхэм Ӏугъуэм ехьчу хэлът, ещанэхэм хъыдан псыгъуэ фӀыцӀэхэр ятедат... Джану хъуам я пшъампӀэхэр бгъуэуэ щытт, щыгъынхэм я кӀэ хэдыкӀахэри хуиту бгъуэуэ щытхэт »

Унэм къыщыкӀэкӀкӀэ бзылъхугъэм и плъэӀум кӀакӀуэкечкемилӀ иридзэт, и сурэткӀэ плӀиму, шъар ирикуну икум пхырыбзыкӀауэ, апхуэдэ кӀакӀуэр куэду ягъэдахэт икӀи хадыкӀт. Нэхъ бэуэ ягъэдахэтэр а псом шэкӀ плӀимэ цӀыкӀу, бгъэм иде традэтэр, зэгуэхам идежь хуэзу къыкӀэщу.

Пшъашъэ цӀыкӀухэм я анэхэмрэ я шыпхъу нэхъыжьхэмрэ хуэду захуапэхэт, джанэ, кӀэпхӀын зэрахьу, ауэ я кӀэпхынхэр куэду нэхъ кӀэкӀыу щытхэт.

Шхыныр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Псыхъурей Тескоком идежь ацтекхэм Ӏэрышъ хы тӀыгухэр яшъауэ щыта, а хы тӀыгухэм хьэцэпэцэхэмрэ Ӏэрысэ жыгхэмрэ ягъэкӀт. Ацтекхэм я япэреуэ шхыным къагъэшъхьэпэтэр нартыху, джэшхэр, къэбхэр джоуэ. А хы тӀыгухэр — чинампэхэр (науалӀыбзэкӀэ chinampa) зы гъэм блэрэ къахьт хъугъэ къагъэкӀхэм. Бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀхэм къызэрхэкӀамкӀэ гектар минибгум къыхэкӀым цӀыху 180 000 яхурикъут илъэсым.

Куэд гупшысыгъу къаӀуатэт ацтекхэм я шхыным протеин иромэыкъу, абым шъхьэкӀэ цӀыхушху щытаху, ауэ а гупшысыгъуэхэм пэубыдыгъуэ яӀэ: нартыхумрэ джэшхэмрэ зэхэлъмэ цӀыхум аминокислоту зхуэныкъу хъуар игъуэтыну шхыным, абым протеин хуныкъуэныр Ӏуихыну зэуэ. Ацтекхэм нартыху лӀэужьыгъуэ бжыгъэхэр ягъэкӀт, аминокислот бжыгъэхэр яхэлъу, абым пэмыкӀыу выкӀэхъу ягъэкӀт, ябы и хум протеин куэду хэлъ. Абым фӀэкӀыу ацтекхэм пэмыкӀ шхын бжыгъэ яӀэт: ацеколхэр яубыдт, псыбэджхэр, псыудзхэр (флаворпротеин куэду зхэлъхэр, тхьэвым хьалъхьэт), хьэпӀацӀэхэр: пкӀауэхэр, хьэмблухэр, хъумпӀэцӀэджхэр джоуэ яшхт. ХьэпӀацӀэхэм лым нэхъри нэхъыбу протеин яхэлъ, иджыри къыздынэсым Мексикэм и хэку гуэрэхэм ахэр шхыным я нэхъыфӀу къалъытэ. Ацтекхэм Ӏэсэ псэушъхьэхэр яӀыгът тхьэджэдхэр, ицкуинлӀи (науалӀыбзэкӀэ itzcuintli — унагъуэ хьэ, я лым шъхьэкӀэ яӀыгът), нэхъыбэм я псэушъхьэхэм я лыр щаупшъэфӀтэр пкӀэ згуэрэм щыхуашъын хуэм идежь. ПэмыкӀыу лъыр къыздырахтэр - шъэкӀуэным: бжъо, мэзыкхъуэ, псыджэд пэмыкӀхэр джоуэ.

Гулъытыгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. «ЗауэлӀ-бгъэхэмрэ» «зауэлӀ-щомыщхэмрэ» — дзэм щыщ лъэпкъэгъу
  2. Апхуэдэ тыныгъу хъуар зтеухуар дыгъэм къэру иӀэн шъхьэкӀэ, ацтекхэм я къэлъытэгъуэмкӀэ гъашъэр къазыттэр дыгъэра.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]