Jump to content

Яп (хытӀыгухэр)

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Яп хытӀыгухэр - Хы Щэхум яхэт хытӀыгуейцӀыкӀущ. ХытӀгуеишхуэм хэт Кэролинэ хытӀыгуейм щыщщ. Микронезием ихытӀыгу къуэхьэпӀэхэм ящыщщ.

Яп хытӀыгухэм щӀыуэ яубыд км² 105,4[1].

Нэхъинхэр:

НэхъцӀыкӀухэр:

  • Билеегили (Bileegiliy),
  • Бий (Biy),
  • Далмеет (Dilmeet),
  • ФангаӀамат (Fangaamat),
  • Гарим (Garim),
  • Митеатоу (Mitheathow),
  • ПаӀакеал (Paakeal),
  • КаӀелик (Qaelik),
  • Руунгуч (Ruunguch),
  • ТараӀанг (Taraang).

ЩӀэныгъэлъхэм къызэрыдагъащӀэмкӀэ, Яп хытӀыгухэр зы уахътэ гуэрым Яп имперэшхуэм и купсэу щытащ. Абы и дамэ щӀэтт хытӀыгубэ (псалъэм папщӀэ Кэролинэ хытӀыгуейр) км 1100-м щӀигъу и кӀыхьагъыу зэкӀэлъыпытыу хым хэтхэу, щхьэж хытӀыгури иерархием и къалэныр игъэзащӀэт. Илъэсым тӀо нэхъыкӀэ хытӀыгухэм ис цӀыхухэр кӀуэти нахъ Ӏэтауэ щыт лъэпкъым и хытӀыгум тыгъэхэр хуашэт, абыхэми зэпамыгэуу нэхъыщхьэжым деж зэхуахьэса тыгъэхэр яшэжт. Псори къыздэнэжтыр Япым тесхэрат.

XVII лӀэщӀыгъуэм Яп хытӀыгухэр чэзуурэ зэӀапэхащ Эспаным, Джэрмэным, Японым. Илъэс 19471986-хэм АШЗ'м и дамэ щӀилъхьэжауэ щытащ.

Япым дэсщ цӀыху 7391 (илъэс 2000)[2].

АШЗ'м идолларым нэмыщӀ Раи'кӀэ зэджэ мывэ жьыгъей, икум гъуанэ хъурей дэудауэ ахъшэу щызокӀуэ хытӀыгухэм. Абыхэм янэхъиндыдэхэр метри-3-м нос диаметрэр, я Ӏувагъыр сантиметрэ-50-м, я хьэлъагъыри тонни-4-ыу.