ХъупӀэжьец
| ХъупӀэжьец | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Circus pygargus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
здэӀэпхъуэжыр |
||||||||||||||||
|
|
ХъупӀэжье́ц (лат-бз. Circus pygargus) — къашыргъэ лъэпкъым хыхьа жьец гупым щыщ псэущхьэшх къуалэбзущ.
Зи ныбжыр илъэсиплӀым нэса, е щӀигъуахэм я теплъэр: тхыцӀэр гъуабжэ-къащхъуэщ, кӀащхьэр хужьщ, кусэ гъуэбжафэхэр, е щхъуэхэр хэсу. Жьэгъумрэ бгъащхьэмрэ хужь-щхъуафэщ, дамэкӀэ къабзий пхъашэхэр фӀыцӀэщ, абым ящхьэкӀэ щыӀэхэр дыжьыныфэ-щхъуэщ, дамэ щӀагъхэм кусэ фӀыцӀэхэр зэпрокӀ. Ныбэ щӀагъым, джабэхэм хужь ӀэпапӀэ гъуафэхэр хэлъщ.
Нэхъыбэу уздэпэщӀэхуэр псынэхэм, псыежэххэм, хыкъумхэм я гъунэ къэкӀыгъэ Ӏувхэм, жыг закъуэхэм ядеж.
Абгъуэ здищӀыр щӀыгъурщ псым пэмыжыжьэу. Шырхэм зыщэӀэтыр я ныбжьыр махуэ 40-м щӀыгъумэщ.
Яшх гъубгъуэдзыгъуэ, къуалэбзу шыр, шындырхъуо, хьэндыркъуакъуэ, блэ, гъудэбадзэ пӀащэ.
Щопсэу Еуропэм, Азиэ Курытым, Сыбырым, Ищхъэрэ Африкэм. ЩӀымахуэр щрах Индиэм, Пакистаным, Ипщэ Африкэм и лъэныкъуэхэм. Ищхъэрэ Къаукъазым икум щыгъуалъхьэхэм лъэтэжын яублэ шыщхьэӀум, щӀымахуэр щизых зэрызхэри къахокӀ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Брат Хьэсин. Черкесск. 2007 гъ.