Уашхэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Уашхэ
Уашхэ
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэ
ХэкӀ: ШэрыпӀхэ
ИнфрэхэкӀ: Placentalia
ХэкӀыгъуэ: ШъакӀуэпсэушъхьэхэ
Лъэпкъ: Дзыдзэхэ
Лъэпкъ къуэдзэ: Уашхэхэ
ЛӀэужъыгъуэ: Уашхэ
Латин цӀэр
Meles meles Linnaeus, 1758
И щӀыпӀэр
сурэт


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

NCBI {{{1}}}

Уашхэ (лат-бз.: Meles meles, ур-бз.: Барсук) — шъакӀуэ псэушъхьа дзыдзэ лъэпкъым ящыщу

Аплъэпкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ИкӀыфэм икӀыхьагъыр см 60-90 мэхъу, кӀапэм см 20-24, ихьалъагъыр кг 24, бжыхьам, гъуэм игъуэлъхьаным ипэм кг 34 носыр. Иаплъэпкъыр икӀэмкӀэ бгъуэфӀу щыт игупэмкӀэ Ӏузэ хъууэ нэӀу памцӀэм хохьа. Ипшъэр кӀэкӀыу, къыхэмыщу щыт. Илъакъуэхэр кӀэкӀ, къэрууфӀэ, лъэгу псом теувурэ зокӀуэ. Илъэхъуамбэхэм Ӏабжъанэ дзагуэ-кӀыхьхэр пыт шӀыгу къэтӀыным хуегъэпсауэ.

Ицыр шъабэкъым. КӀыбымрэ гъунэхэмрэ фэр гъуэбджафэ-псыфу щыт дыжьыныфэ къыкӀэу, кӀыфэм икӀагъыр къуафӀцӀу щыт. НэӀум илъэныкъуэтӀымкӀэ, пэм къыщыкӀэдзауэ тхьакӀумэхэм нэгъунэ къуафӀцӀу ирокӀуэ.

Здэпсохэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Еуропэ псом щопсоу (Скандинав хы тӀыгуныкъуэм, Финлэндым, Урысейм ишъхъэрэ лъэныкъуэхэм щымыхъукӀэ) Къаукъазым, Къаукъаз КӀыбым, Крымым, Азиэ ЦӀыкӀум, Азиэ Курытым, Ишъхъэрэ Сыбырым, Курыт Сыбырым, КъуэкӀыпӀэ Джыжьэм и ипшъэмкӀэ, КъуэкӀыпӀэ Китайм, Корей хы тӀыгуныкъуэм, Японым

ЛъэпкъцӀыкӀу зэрзэхэкӀхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Meles meles meles (КъуэхьапӀэ Еуропэм)
  • Meles meles marianensis (Эспаниэмрэ Португалымрэ)
  • Meles meles leptorynchus (Урысейм)
  • Meles meles leucurus (Китаймрэ Тибетымрэ)
  • Meles meles anaguma (Японым)

Псэушъхьа Ӏазэгъу гуэрэхэм абы пэмыкӀыу иджыри зэ къыхагъэкӀы азиэ уашхэ (Meles amurensis)

Зэрыпсохэмрэ яшхымрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Здэпсохэр нэхъыбу мэздэгухэм, къушъхьамэзхэм. Ипшъэ лъэныкъуэхэм къум хуэдэхэм, губгъуэхэм щопсоухэ. Гъуэр здишъхэр лъэныкъуэ нэхъ гъушъэхэм, шӀы псы зкӀэмытхэм, ауэ псыхъурейхэм, псыпцӀэхэм ягъунэгъу (км. 1 нэхъыбэ якум дэмылъу), шхын нэхъыбу здигъуэтыфын.

Игъуэхэр кууэ ешъыр пшахъуэ джабэхэм, мэз къуэхэм, псыхъуэхэм ядежь. Уашхэхэм лъэпкъ бжыгъэкӀэ зыр-зым яуж итурэ шӀыпӀэ здетӀысэхахэм, нэхъ ягу ирихьам щысхэ

Зэрыпсор нэхъубе джэщым, сэхьат 5-6 бджэхьашъхьам къыщыкӀэдзауэ, пщэджыжьым сэхьат 8 нэгъунэ

ШхынкӀэ зэхэдз ишъкъым. Дзыгъуэхэр, хьандрыкъуакъуэ, щындрыхъуэ, бзу, бзухэм я джэдыкӀэ, хьапӀацӀэ, цӀыв, псы хьамблухэр, хьамблу, Ӏаргъэбэгу, мэракӀуэ, дэ, удз Ӏамэ ешхыр. Щы шъакӀуэм идей уашхэм дунейр къэкӀухь, жыг уфэрэнкӀахэр зэпиплъыхьу, я фэр къыкӀэритхъурэ хьамблухэмрэ цӀывхэмрэ лъохъуэ. ЗэшъэкӀуэгъуэм уашхэм хьандрыкъуакъуэ 50-70 къыубыдыфыну, шъэ хьаблурэ-цӀыврэ. Ауэ зы махуэм кг 0, 5 фӀэкӀа ишхкъым, бжыхьам идежь шхыным кӀасу зщыритыр, пчэр хъууэ, ишэм шӀымахуэм жеихукӀэрэ иӀыгъу.

Зэрзэхэтхэмрэ, зэрзэпыхьахэмрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Уашхэхэр зэргъуэтмэ гъашъэ псом зэрыкӀыгъу мэпсохэ. Бжыхьахэм идежь зэпыхьан кӀадзэ. Бзыр махуэ 271 псэф (гъэмахуэм зэпыхамэ) махуэ 450 (шӀымахуэ рамэ). Чыру къылъхур 2-6. Еуропэм дыгъэгъазэм малъхуэ, Урысейм гъатхэпэ-мэлыжьыхьым. Махуэ зтущ текӀауэ бзыхэр аргуэру зэпохьахэ. Чырхэм янэхэр махуэ 35-42 къызэтрах, мэзищ щыхъухэм езыхэм шхын къагъуэтын кӀадзэ.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]