Темэнпсычэт
Къыздихар Уикипедиэ
| Темэнпсычэт | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Vanellus vanellus Linnaeus, 1758 | ||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
гъэпсом щӀымахуэр здырих |
||||||||||||||||
|
Темэнпсычэт (лат-бз. Vanellus vanellus) — Ӏуфэбзу лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Инкъым. Щхьэр, хулъащхьэр — фӀыцӀэщ; бгъэр, ныбэ щӀагъыр, щхьэбгъухэр — хужьщ. ТхыцӀэр удзыфэщ гъуэжь-гъуабжафэ къыщӀэуэу. ЩхьэщӀыбымкӀэ цы бгъузэ зыбжанэ хьэгуагуэ къыхокӀ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щопсэу Еуропэ псом, Азиэм. Мэлъэтэж. Урысейм щыӀэхэм щӀымахуэр КъухьэпӀэ Къаукъазымрэ Курыт Азиэмрэ щрах. Щогъуалъхьэ мэкъупӀэ псыӀэхэм, мэз, псыпцӀэ гъунэхэм, губгъуэхэм. Пкъымызагъэ гуоурейщ.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Я Ӏусым хохьэ хьэпщхупщ, хьэмбылу, цӀыв, хьэндырабгъуэ, щыгъыныхь, мацӀэ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.