ПсыхэуэщӀыбыпцӀэ
| ПсыхэуэщӀыбыпцӀэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Ciconia ciconia Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
|
ПсыхэуэщӀыбыпцӀэ (лат-бз. Ciconia ciconia) — псыхэуэбзагуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Къуалэбзу пӀащэщ; лъакъуэ, пщэ, пэ кӀыхьщ. Къешэч ч. 3,5-4, дамэ лъэныкъуэр см. 58-61. Теплъэ нэхъыщхьэр хужьщ, дамэкӀэхэр фӀыцӀэ-лыдщ, абы папщӀэ щыщыткӀэ дамэ зэгуэлъхьахэм и щӀыб щӀагъым къыщыщӀэдзауэ и кӀэм нэс зэфэзэщу фӀыцӀэу болъагъу. Пэмрэ лъакъуэхэмрэ плъыжьщ. Анэхэр мащӀэу нэхъ цӀыкӀущ, ауэ теплъэкӀэ хъум ещхьщ. Моногамнэхэщ — зэхъузэбзхэр я гъащӀэ псом зэгъусэщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
ЩыӀэщ Еуропэм, КъаукъазщӀыбым, Анадолейм, Къажэрым, Африкэм и Ищхъэрэ-КъуӀэпӀэм. ЩӀымахуэр Африкэм щрах. ПсыхауэщӀыбыпцӀэхэр щогъуалъхьэ къуажэхэм я гъунэгъуу, псэуалъэ зэхуэмыдэхэм я щхьэхэм, жыгхэм, телджырам пкъуохэм.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Щошхэ псыпцӀэхэм, мэкъупӀэ псыӀэхэм. Я Ӏусыр псыхэуэ псоми яхуэдэу, псэущхьэщ — хьэндыркъуакъуэ, шындырхъуо, хьэпщхупщ, бдзэжьей, дзыгъуэ, тхьэкӀумэкӀыхь шыр, нэгъуэщӀхэри.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.