Нил

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Нил
النيل
Сурэт
Асуаным и лъэныкъуэм дежь
КӀыхьагъыр: 6, 670 км
Псыхъуэм и инагъыр: 3, 400 км²
Хэкур: Угандэ
Судан
Мысыр
Руандэ
Танзаниэ
Кениэ
Эфиопиэ
КРД
Эритреэ
ЩӀыпӀэтхыпхъэ
Нил Уикисурэтылъэм

Нил (хьэр-бз. النيل) — Африкэм ежэх псы, дунейпсом етӀуанэ и инагъымкӀэ.

Зэманыгъуэ бжыгъэ екӀуэкӀамкӀэ Нилыр дунем и нэхъ кӀыхьдыду къалъытэт. Ауэ джыпсту амалыншу хэшъыкӀыгъуэ ирата дунем и нэхъ псы кӀыхьу щытыр Амазонэрауэ - зи кӀыхьэгъыр км миниблым фӀэкӀыр.

И дуней зэхэтыкӀэмкӀэ, и псыхъуэр зэрыщытымкӀэ, и гидрографиэмкӀэ, лъэпкъ Ӏусхэм къэлъытэгъуэ ирату хъуамкӀэ Нилыр дунем и нэхъ гъэшъэгъуэн псыхэм ящыщ.

Нэхъышъхьэ тепсэлъыхьыгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Псыр КъуэкӀыпӀэ Африкэ бгылъэм къыхожри хы Курытым холъадэ, хэлъэдэпӀэм дежь делтэ ишъу. И псыхъуэпшъэмкӀэ псы иныфӀхэр зыхеубыдэ, абыхэм ящыщхэр: Бахр эл Газал (сэмырабгъумкӀэ); Ачуа, Собат, Нил ШхъуантӀэ, Атбара (ижырабгъумкӀэ). Атбара и псыгуэжым щыкӀэдзауэ Нилым зы псы хэмылъэдэжьу уэгъушӀыпӀэм хож км 3, 000 къэнэжьам.

Нил и кӀыхьэгъыр нэхъыбэм псыхъурей Викториэм щыкӀэдзауэ ябжыр, абым псы иныфӀхэр зэрхэлъадэм емылъытауэ. Нэхъ джыжьэдыду щыӀу къэплъытэ хъунур Рукарара псым и къыхэжыпӀэра, Кагерэ псым и лъэшыгъэ езытхэм ящыщ, абым и къыхэжыпӀэр лъэгапӀэ м. 2, 000 фӀэкӀым хэлъ КъуэкӀыпӀэ Африкэм хэт бгылъэхэм ядежь, Экуаторым и ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ пэщылъуи Викториэ псыхъурем холъадэ. Нил и кӀыхьэгъыр (Кагерэм дэкӀыгъу) — км 6, 700 хуэдиз (нэхъыбэм къагъэсэбэпыр км 6, 671), ауэ, Викториэ псыхъурем щыкӀэдзауэ хы Курытым нэс кӀыхьэгъыр км 5, 600 хуэдиз мэхъур.

А кӀыхьэгъыра Нил еуэ щытыр, Викториэмрэ Кагерумрэ (Рукарарэр хэту) быбжмэ Нил и псы системэпсом и кӀыхьэгъыра къыхэкӀыр — дунем и псышхуэхэм я зызакъуэра къыхагъэкӀар и кӀыхьэгъыр щабжым Кагерэм и кӀыхьэгъым щымыхъукӀэ Викториэ псыхъурем и кӀахьэгъри хагъэхьэ.

Псыхъуэм и инагъым хэшъэкӀыгъэ тэрэзу иӀэкъым — 2, 8 щыкӀэдзауэ - 3, 4 нэс млн км² (абым - Угандэм, Руандэм, Кениэм, Танзаниэм, Эфиопиэм, Эритреэм, Суданым, Мысырым я шӀыпӀэ псор иэ я нэхъыбэр хиубыду).

Тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Псалъэ «Нил»-ыр алыдыцӀэ «Нейлос»-ым къыхокӀыр (пэс. ал-бз. - Νείλος). Абым пэмыкӀыу алыджхэм псым «Эгиптос»-кӀэ еджэхэт (пэс. ал-бз. - Αίγυπτος), абым еуропейхэм Мысырым и къэралыцӀэр къыхэха.

Пэсырей къэӀохугъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Нил и къыхэжыпӀэм шъхьэкӀэ шъныгъэм пылъ хулъхугъэ еуропейхэр Геродотым и зэманыгъэм щыкӀэдзауэ пылъхэт, абым и «Тхыдэм» япэреуэ къеӀохур Нил и къиугъуэр уэс ткӀугъэм и псыхъуапшъэм зыкӀи зэремыпхар. Геродот и шӀыпӀэтхыпхъэмкӀэ Нилымрэ Нигерымрэ зохолъадэхэ. Абым пэмыкӀыу къеӀохур зы саис шоджэным и хъыбарыжъ — Нилыр псынэшху къыкӀэжу шӀым, Сиенэмрэ Элефантинэмрэ я зэхуакум, икӀи абым я зы ныкъуэр ипшъэмкӀэ ежэху адрей зыр ишъхъэрэмкӀэ.

Пэсырей зекӀуэ цӀэрыӀуэхэм ящыщ зы НилымкӀэ дэкӀуеякъым Седд-ым фӀэкӀыу. Агатархидым къызэриӀохумкӀэ, псом нэхъри нэхъ джыжьу ипшъэмкӀэ пхырыкӀауэ щытахэр Птолемей II-м и хызекӀуэхэра, абыхэм къаӀохуа псы къиугъуэр зэпхар уэшххэм я гъэрауэ Эфиоп бгылъэм къэкӀуэкӀыр. Классикэ Ӏэшъагъэхэм хабзу щытар Нилыр тхьэуэ гъэлъэгъуэн, и шъхьэр щыпхъуауэ щыту — абымкӀэ и къыхэжыпӀэм хэшъыкӀыгъуэ зэримыӀэр ягъэлъагъу.

Птолемей и лэжьыгъэмкӀэ къызэриӀохум Нил и къыхэжыпӀэр Рувензорим хэлъу, а гупшысыгъуэм зызэримхъуэкӀыу ЗэманыкӀэм нэс щыӀа.

ЗэманыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЗэманыкӀэм дежь Перо де Ковилиан яуж иту Эфиопиэм португал иезуитхэр ежьахэ. Абыхэм ящыщ тӀум Перо Паэсымрэ (1564-1622) Жеронимо Лобомрэ (1593-1678) ШхъуантӀэ Нилым и къыхэжыпӀэр ялъэгъуахэ. Ауэ, абыхэм я хъыбар къаӀуэтахэр дунем къыщытехьэхэр XX лъэхъэнэра, 1790 гъэм шотлэндым щыщ зекӀуэ Джеймс Брусым гулъытыгъуэ ириту ШхъуантӀэ Нилым и къыхэжыпӀэм топсэлъыхьыр и тхыгъэ «Нил и къыхэжыпӀэм лъыхъуагъуэ зекӀуэм».

Хуж Нилым къызыхэкӀым шъхьэкӀэ илъэс 150-кӀэ узэӀэбэкӀыжьмэ зы гупшысыгъуэ зэфӀэгъува щыӀэтэкъым. Пэсырей хулъхугъэ шъэныгъэм пылъхэтэм (Нэхъыжъ Плинийм хуэду) Хужь Нилым и пшъу къалъытэтэр Нигер псыра, абым шъхьэкӀэ ятхтэр — «Нилым и къыхэжыпӀэр Ӏуашъхьэм хэлъ, Мавританиэм и лъэгум дежь». ЗэманыкӀэм зы гупшысыгъуэ лъэш хъуа, абым мыхьэнэ зэрихьэтэр Африкэм и кум псыхъуреишхуэ иту, абым Конгор, Нигерыр, Нилыр джоуэ къыхэжху.

Псыхъуей Викториэ Хужь Нилыр къызыхэжыр еуропейхэм 1858 гъэм къагъуэта, япэреуэ абым пэкӀэхуар Джон Спикыра, илъэситху абым яуж текӀауэ Александриэм щыӀу Лондон телеграммэ иригъэхьа: «Нилым и Ӏохухэр хьэлэмэт». Спикым и гурылыгъэ Нилым теухуауэ иӀахэм пэубыдыр къыдэлажьэ Ричард Френсис Бертоным. Спикымрэ Бертонымрэ я зэдауэныр щызэфӀэкӀар 1871 гъэм Генри Стенлим, Хужь Нилым ипшъэр фӀыуэ зэригъэшъа яуж Рипон псыкъелъэхэм ядежь.

Нил и ежэхыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ШхъуантӀэ Нилым и псыкъелъэ

Нилыр ишъэ лъэныкъуэмкӀэ кӀедзэри ишъхъэрэмкӀэ йожэхыр. И ежэхыкӀэр уэру щыт.

Викториэм и ишъхъэрэ лъэныкъэм щыкӀэдзауэ къыхэж псыр Алберт псыхъурейм нэс ежэхым (Угандэ, КъуэкӀыпӀэ Африкэм) цӀэ зэрихьэр Викториэ Нил. Абым и кӀыхьэгъыр км 420 хуэдиз мэхъур. Угандэм и бгылъэхэм хэжу псыкъелъэ бжыгъэ ешъыр псым, абыхэм ящыщу нэхъ индыдэр Мерчисоныра и лъэгагъыр метрэ 40 носыр. Псыр Киоган псыхъурейм и пхия шӀыпӀэмкӀэ хожри Алберт псыхъурейм холъадэ Угандэмрэ КРД-мрэ я гъунапкъэм дежь.

Алберт псыхъуремрэ Ачва и псыгуэжымрэ я зэхуакум цӀэ зэрихьэр Алберт Нил. А лъэныкъуэм дежь псыр хому йожэхыр Суданым хэмылъадэ кӀышъэ къуэ зэв НимулемкӀэ, абым щыкӀэдзауэ ежэхыкӀэр аргуэру уэр мэхъур.

Къалэ Джубам фӀэкӀауэ къехамэ, бхылъэм къыхэкӀа яуж, псыр км 900 сэтеишхуэ псыпцӀэкӀэ бэгъуауэ щыт Сэддым хожыр (абдежьым зэреджэр Бахр эл Джэбэл — къушъхьэ псы).

ПсыпцӀэ кӀэхъур псыудз бжыгъэхэмрэ папирусхэмрэ псыежэхыным зэран зэрыхъуэхъухэра, псыжапӀэр зэкӀауфурэ псыр псыгуэж бжыгъэкӀэ зэхагъэкӀхэ, спым и кӀэхагъыр мэкӀуэдр абдежьым, къушъхьэхэм къыхэкӀа псым я нэхъыбэр абдежьым зэкӀэкӀожыр сэтейм игъущӀыкӀыурэ иэ псыудзхэм зыкӀафурэ. Псыудзхэм яшъ псыгухэм зэраджэхэр сэдд, Псыр къыщиум иде ятӀэгъуэм къыточхэри хомурэ псыжапӀэмкӀэ йоххэр. ЗэрынтӀэухурэ зэроубыдхэри, куэдым псыжапӀэр зэкӀауфэр, кхъухьзекӀуэным зэран хуэхъуху.

А лъэныкъуэм нэхъ индыду щытхэр псым хэлъадэхэм: Бахр эл Газалымрэ Собатымрэ, я псыхэр бгыхэм къэжэхурэ ятӀэху куэду яхэлъ, абым шъхьэкӀэ я фэр утхъуауэ щытхэ хужьыфу.

Собатым уфӀэкӀыу укъехмэ псым цӀэ зэрихьэн кӀидзэр Хуж Нил (Бахр эл Абияд), псыпцӀэ лъэныкъуэр къигъану къыхокӀри хомурэ ежэхын кӀедзэ къуэ бгъуэшхуэ уэгъушӀыпӀу щытым, апхуэду Хартумым нэс йожэхыр, абдежьым ШхъуантӀэ Нилымрэ Хужьымрэ зэхолъадэхэри зы мэхъур. Абым щыкӀэдзауэ псым зэреджэр Нил хы Курытым хэмылъадэ кӀышъэ.

ШхъуантӀэ Нилыр бжыгъэкӀэрэ нэхъ цӀыкӀу Хужьым нэхърэ, ауэ, Нил зэфӀэгъувэныгъэм Хартумым уфӀэкӀмэ мыхьэнэ нэхъыбэ иӀэ. ШхъуантӀэ Нилым и къыхэжыпӀэр Эфиоп бгылъэм хэлъ, псыхъурей Танам къыхэжу. А бгылъэми Нилым и яужырей псыхэлъадэ псыбэр къыхож Атбару.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]