МэкъупӀэджэд
Къыздихар Уикипедиэ
| МэкъупӀэджэд | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Crex crex Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
щӀымахуэр здырих |
||||||||||||||||
|
МэкъупӀэджэд (лат-бз. Crex crex) — мэкъупӀэджэд лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр[гъэтэрэзын]
ЩӀылъэ къуалэбзу мыинщ, къешэч г. 150. И ӀэплъэпкъкӀи и теплъэкӀи бгъэнджэдым ещхьщ. ТеплъэкӀэ гъуабжэ-хужьыфэщ.
Здэпсэухэр[гъэтэрэзын]
Щыкуэдщ Еуропэм, Азиэ ЦӀыкӀум, Сыбырым, Къаукъазым. Мэлъэтэж. ЩӀылъэрыгъуалъхьэщ, щыгъуэлъхьэну нэхъ къыхех мэкъупӀэ псыӀэхэр, гъурц гуэрэнхэр хэту, гъавэ щӀапӀэхэр, тхьэпищудз зытелъ хьэсэхэр, мэз гъуапэхэр. Къизышри зыпӀри анэращ. ФокӀадэм лъэтэжын яублэ. Къаукъаз мэкъупӀэджэдхэм щӀымахуэр Африкэм щрах.
Ӏусыр[гъэтэрэзын]
Ӏусым хохьэ удз жылэ, гъавэ, хьэпщхупщ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр[гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.