Мустафа Кемал Ататюрк
| Мустафа Кемал Ататюрк Mustafa Kemal Atatürk |
|||
|
|||
|---|---|---|---|
| 1923 джэпуэгъуэм и 29 — 1938 шъакӀуэгъуэм и 10 | |||
| Япэ итар: | япэрей президент; Уэсмэн империэ, сулътӀан Мэхьмэд VI |
||
| Яуж ихьэр: | Исмет Инёню | ||
| Къыщыхъуар: | 1881 накъыгъэм и 29 Салоники Уэсмэн империэ |
||
| Дунем щехыжьар: | 1938 шъакӀуэгъуэм и 10 Истанбыл Тырку |
||
| Адэр: | Али Рыза-эфенди | ||
| Анэр: | Зубейдэ хъанум | ||
| Быныр: | ипыну къыштауэ нэрыбгий | ||
| ӀэпэкӀэдзыр: | |||
Мустафа́ Кема́л Ататю́рк (тыр-бз. Mustafa Kemal Atatürk, 1881 накъыгъэм и 19 — 1938 шъакӀуэгъуэм и 10) - тырк цӀэрыӀуэ политик, Тыркум и япэрей президент.
Гъашъэтхыдэр [гъэтэрэзын]
Мустафар 1881 гъэм къэхъуа къалэ Салониким (иджырей Алыджым, а зэманым Уэсмэн империэм хэтам). Саби джану щытт, шэн бзаджэ иӀу, и ныбджэгъухэм ядэкӀыгъуным нэхърэ изакъу зэманыр игъэкӀуэн ифӀэфӀт. И анэр хуэбжу мыслымэн диным пылъти къурӀэным иригъэджэну и къуэр пылът, ядэрамэ зэманыгъуэм теухуа шъэныгъэхэм еджэну икъэр пылът. Зым къыхуэмыкӀу янэ-ядэр Мустафа япэреуэ мыслымэн еджэщым кӀохьэ, здэпсоуа хьэблэм щыӀам яужым и адэм езым зыпылъ еджэщым егъакӀуэр Шемси-эфендим, абдежьым и япэрей егъэджэныр Мустафам къеухыр.
1905 гъэм Мустафа дзэм къулыкъу ехьын кӀедзэ, а зэманыгъуэм идежь шъэху-гуп зэхегъэхьэ дзэм хэт коррупциэм пэщытыну. 1913 гъэм дзэм и атташе мэхъур Софиам. Япэрей дунейпсо зауэм щыгъуэ бэлыхьу тыркудзэм и дзэзэчу тета Чанаккалем идежь зауэ екӀуэкӀам. 1915 гъэм инджылыз-фрэнджыдзэхэр Арыбуруным дежь къигъэувыӀа яуж Мустафар полковник ӀэнатӀэгъуэ ирата. Яужым текӀуэныгъэ бжыгъэ къихьа а зауэм.
Зауэр иуха яуж 1918 гъэм Мустафа Истанбыл игъэзэжьа, абдежьым хъумэным и министериэм лэжьэн кӀидза. Уэсмэн империэм апкӀэнтӀэху и дзэр зэхигъэкӀыу и Ӏэшэр итын хуэй хъуа зауэ нэужым. Мустафам инспекциэ иригъэкӀуэкӀыу 1919 накъыгъэм и 19 Самсун дохьэр. 1919 мэкъуауэгъуэм и 22 тхылъ къеӀохур: «Джылэм и хуитыныгъэр зыхъумэфынур езы джылэра, абым хуеуэ, пылъу щытмэ», абым пэмыкӀыу депутат зэхечэсыр "Сивас хасэм". 1919 дыгъэгъазэм и 27 Мустафа Кемалыр Анкарам и джылэхэм хуэбжу къырагъэблагъэ, (Истанбыл инджылызхэм я оккупациэм хэта яуж, парламентыр зэбгырахуат 1920 гъатхэпэм и 16) езым и парламент абдежьым зэхегъэхьэ - Тыркум и Лъэпкъ Хасэшхуэ. Езы Мустафар парламентым и тхьэмаду хахыр, ӀэнатӀэгъуэхасэми и нэхъышъхьу.
ТехьэпӀэхэр [гъэтэрэзын]
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса къэрал цӀэрыӀуэ цӀыхум тепсэлъыхь. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |