Мазэ
Ма́зэ - ЩӀыгум и гъусэ дыдэ закъуэщ. ЩӀылъэм къырит нэхугъэмкӀэ етӀыуанэ увыпӀэр Дыгъэм иеужькӀэ иӀыгъщ, абы намыщӀкӀэ Дыгъэм и вагъуэкъанхэнхэм я гъусэхэм щыщыу инагкӀэ етхуанэ увыпӀэр иӀыгъщ. ЦӀыхур ауфэ пкъыхэм щыщыу ЩӀылъэм намыщӀ Мазэ зыращ зытеувауэ ябжыр. ЩӀылъэм и купсэмрэ Мазэм и купсэмрэ я зэхуаку жыжьагъ нэхъыбэмрэ нэхъмащэмрэ якурытыр км 384 467'щ.
Псалъэм и тхыдэ [гъэтэрэзын]
АдыгэцӀэ Мазэмрэ апхъаз-абазэ Амза-мрэ зы пэсырей псалъэм къыхокӀыр.
| Мы тхыгъэм и лъэныкъуэр иджыри итхакъым.
Википедиэм хэтхэм я зым зэригугъэмкӀэ, мыбдежьым итын хуэйр тегъэпсыхьэуэ тхыгъэ нэгъэса.
Проэктым удэӀэпыкъуфыну, мы тхыгъэм и лъэныкъуэр нэбгъэсмэ. |
Мазэм и къэхъукӀэр [гъэтэрэзын]
ЩӀэныгъэлӀхэм Мазэм и щӀыщхьэфэр ӀэрымыхьащӀыкӀэ пари ящӀэтэкъым Мазэр къыщыхъуа зэманымкӀи, къызэрыхъуамкӀи. Гупщысыгъуищ щыӀэхэщ, а щыри зыкӀи зэмыщхьыу:
- Мазэри ШӀыгури зы зэманым зэгъусэу къэхъуахэу, газрэ сабэрэ зыхэт пшагъуэм къыхэкӀахэу;
- Мазэр ШӀыгум пэмыкӀ пкъы хэуа яуж къыхэкӀауэ;
- Мазэр пэмыкӀ пӀэм зэфӀэувауэ, яужьым ШӀыгум иубыдыу яужьым зыбгъэдишауэ.
Ауэ, къэӀуэхугъуэ щӀэуэ къыхэкӀа лэжьыгъэхэм, Мазэм и щӀышъхьэфэм къырахамкӀэ, Зэжьэхэуэшхуэм и теориэ джоуэ: илъэс милиарди-4,5 зэӀэбэкӀыжьамэ вагъуэкъан ЩӀыгумрэ (Гейэ) Тейэмрэ зэжьэхэуахэ. Еуэгъуэр и кум темыхуу и бгъумкӀэ техуауэ ялъытэ. Зэжэхэуэгъуэм яуж Мазэм къытриудахэмрэ щӀышъхьэми текӀахэмрэ ЩӀыгум и гъунапкъэм техуахэ. Тыкъыр къыхэкӀахэм яужьым Мазэжьыр къыхэкӀа. ЩӀыгум и лъагъуэм (орбитэм) джэрэзыурэ и радиусыр км-60000 хуэдиз хъууэ. Зэжьэхэуэгъуэм яужь ЩӀыгу джэрэзыгъуэм и псынкӀагъыр куэду хэхъуа (и зы къэгъэзэгъуэм сэхьэтитху нэхъ ихьтэкъым), икӀи зигъэча хъуа ипкъым. А гупшысыгъуэм (теориэм) хуэныкъуэгъуэ иӀэ щхьэкӀэ иджырей зэманым нэхъ лъэщу къалъытыу щыт.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |
