Апхъазыбзэ
| Апхъазыбзэ | |
|---|---|
| Зэрзэджэр: | Аҧсуа бызшәа, Аҧсшǝа |
| Къэралхэр: | Апхъаз, Урысей, Тырку, |
| Статус официалыр: | Апхъаз |
| Ирипсалъэхэм я бжыгъэр: | ~ 125 000 |
| Классификациэ | |
| Категориэ: | Еуразиэм и бзэхэр |
| Ишъхъэрэкъаукъаз унагъуэшхуэ (псом къамылъыта) | |
| Тхыбзэр: | кирилл хьэрыф (апхъаз хьэрыфылъэ) |
| Бзэ кодхэр | |
| ISO 639-1: | ab |
| ISO 639-2: | abk |
| ISO 639-3: | abk |
Апхъазыбзэ (апхъазыбзэкlэ; аҧсуа бызшәа, аҧсшǝа) — апхъаз лъэпкъхэм ябзэ, Апхъаз къэралым, Тыркум, Иорданым, Шамым, Иракым, Урысейм. Бзэ нэхъ игъунэгъур абазэбзэ, зыхэтыр апхъаз-адыгэ бзэхэм я унагъуэм, абазэбзэмрэ адыгэбзэмрэ щымыхъукlэ убыхыбзэри зыхыхьар.
Апхъаз къэралым бзэмкlэ цlыху мин 100 хуэдиз мэпсалъэ, къэралъым ибзэlаташъхьу щыт (1994 гъэм къыщыкlэдзауэ). Ауэ 1989 гъэм апхъазыбзэр анэдэлъхубзу зыхуэхъутэр 17, 8 % джылу дэсам, апхъаз-курджы зауэм яуж 1995 гъэм 50 % джылэм. Тыркум 1965 гъэм къэрал джылэ бжыгъэ ирагъэкlуэкlамкlэ апхъазыбзэр иэ абазэбзэр анэдэлъхубзу джэуапу зытар цlыху 4, 563 (абым псори зыбзу ялъытэ - abaza) цlыху 7, 836 етlуанэ бзэуэ джэуап ята, а псори зэрщытым хуэмыду, нэхъ макlыу къаlуэтауэ ялъытэ, 1993 гъэм абазу дэсыр мин 35 къалъыта. Урысейм апхъазыбзэкlэ псалъу дэсыр цlыху 9,447 къыкlэкlа.
Абы хуэду къызэркlэкlымкlэ апхъазыбзэмкlэ псалъу хъур цlыху мин 120-130 хуэдиз. Мин 500 - 600 шхуаlар къэгъэхъуауэ къыкlэкlа, абы зэр гугъэмкlэ адыгэхэр (кlаххэмрэ, къэбэрдейхэмрэ) хагъэхьахэ.
[гъэтэрэзын] Псалъэкlыу зэрзэшъхьащыкlыр
Иджыпсту Къаукъазым къынар псалъэкlищ: абжъуй (Очамчырэ куейм), бзыб (Гудаутэ куейм), самырзэкъан (Агубедиарэ Река къуаджэхэм Очамчырэ куейм, Чхуартал къуаджэм иныкъуэ Гал куейм), адрей псалъэкlэ-лъэпкъхэр Тыркум ирагъэкlахэ. 1860 гъэм нэгъунэ апхъазхэм ялъэпкъ-псалъэкlэхэр зэкlэлъыпыту хы lуфэм ирикlуэт къушъхьам къэху, убыххэм къыщыкlэдзауэ къуэхьапlэм мегрелхэмрэ сонэхэмрэ нэгъунэ къуэкlыпlэм.
Шъачэрэ Жъууауэ-къуарэрэ япсыхъуэ зэхуакум садзэхэм япсалъэкlэр щыlа. Лъэпкъыр зы къэмыну Тыркум ирагъэкlа, абдежьым къуаджэ зытlущым бзэр иджыри зэрахьа. садзэ-псалъэкlэр тlууэ бгуэч хъуну:
- хы lуфэ псалъэкlэ (джыгетэхэм иэ садзэхэм я)
- къушъхьа псалъэкlэ (мадовей, езыхэр зэрзэджэр - абадза, лъэпкъ хэтхэр: чуа, чужъы, чужъгучуа, ахьчыпсэу, аибга Псоу ипсыхъуэм)
Апхъаз псалъэкlэхэр ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ:
- хы lуфэм -
- къушъхьа лъэныкъуэм -
Апхъазэбзэм итхыбзэр абжъуй псалъэкlэмкlэ шъа.
[гъэтэрэзын] Хьарыфылъэр
| А | Б | Ҕ | ҔЬ | ҔӘ | В | Г | Гь |
| ГӘ | Д | ДӘ | Е | Ж | ЖЬ | ЖӘ | З |
| Ӡ | ӠӘ | И | К | КЬ | КӘ | Қ | ҚЬ |
| ҚӘ | Ҟ | ҞЬ | ҞӘ | Л | М | Н | О |
| П | Ҧ | Р | С | Т | ТӘ | Ҭ | ҬӘ |
| У | Ф | Х | Хь | ХӘ | Ҳ | ҲӘ | Ц |
| ЦӘ | Ҵ | ҴӘ | Ч | Ҷ | Ҽ | Ҿ | Ш |
| Шь | ШӘ | Ы | Ҩ | Џ | Џь | Ь | Ә |
|
|
|
|---|---|
| Абазэбзэ • Адыгэбзэ • Апхъазыбзэ • Убыхыбзэ |
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. Мы псалъашъхьэр зэфӀэкӀыгъуэфкӀэ нэхъ тэрэзымкӀэ зэхъукӀын хуэй. |