Къэрмэфибл

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къэрмэфибл
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Жылэзэхуэщахэр
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀхэр
ХэкӀыгъуэ: Myrtales
Лъэпкъ: Myrtaceae
Лъэпкъыгъуэ: Syzygium
ЛӀэужъыгъуэ: Къэрмэфибл
Латин цӀэр
Eugenia aromatica Linnaeus, Merrill & Perry


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 506167
NCBI 219868

Къэрмэфибл (лат-бз. Eugenia aromatica) — илъэс псом и кӀуэцӀкӀэ зи тхьэмпэ щхъуантӀу езыхьэкӀ жыг лӀэужьыгъуэщ.

И лъэгагъыр м. 20-22 нос, и тхьэмпэ цы зытемытхэр быдэ-Ӏувщ, тӀурытӀу зэпэщӀэту къудамэм тетщ. Гъэгъа цӀыкӀухэм кӀы япытхэр плъыжьыфэщ, къапщӀийхэр плъыжьыфэщ е пшэплъыфэщ. Абыхэм зыкъамытӀэщӀ щӀыкӀэ къыпаш, ягъэгъури, шхыныгъуэхэм халъхьэ, дагъэ къыщӀаху. Ванилин къыхах, парфумериэм, хущхъуэ Ӏэзэгъуэм къагъэщхьэпэ.

Молук хытӀыгухэм езыр-езыру къыщокӀ. XVII лӀэщӀыгъуэм, а щӀыпӀэр Голандиэм щиубыдам, къэрмэфиблыр нэгъуэщӀ хэкухэм къыщагъэкӀыну ирамыгъашэу щытащ, фейдэ хьэхуэгъу зыри къахуэмыхъун щхьэкӀэ. Ауэ фрэнджхэм XVIII лӀэщӀыгъуэм къармэфиблыр Рейунион хытӀыгум бэуэ къыщагъэкӀыу икӀи нэгъуэщӀ къэралхэм иращу яублащ. Мы зэманым Мадагаскар хытӀыгум къэрмэфибл жыг хадэ ину зыщаубгъуащ.

Адыгэхэм къэрмэфиблыр шхыныгъуэм халъхьэу, хущхъуэу къызэрагъэщхьэпэрэ бжыгъэ зэман щӀащ. Тропик хэкухэм къэрмэфибл лӀэужьыгъуэху 700-м нэс къыщокӀ, языныкъуэхэр жыгыу, адрейхэр гъурцу.

Бжыгъэм я пхъэщхьэмыщхьэм, тхьэмпэм, пхъафэм мэ дахэ щоу, хущхъуэ хэлъщ.

НэмыщӀ цӀэхэр адыгэбзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Къэрымфибл — псыжь-инжыдж къэбэрдейхэм псэлъэкӀэ
  • Лыхъулыщхгын — псыжь-инжыдж къэбэрдейхэм псэлъэкӀэ
  • Мэхъыч — къэбэрдей


Тхыгъэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Адыгэ къэкӀыгъэцӀэхэр. Хьэкъун Б. Налшыч. 1992 гъ.