Къущхьэмышхей

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Къущхьэмышхей
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: КъэкӀыгъэхэр
Къудамэ: Джылэзэхуэшъа
ХэкӀ: ТӀуанэзэгуэкӀ
ХэкӀыгъуэ: Хьэцыбанэгъагъ
Лъэпкъ: Хьэцыбанэ
Лъэпкъыгъуэ: Къущхьэмышхей
Латин цӀэр
Mespilus germanica L.


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 506235
NCBI 36616

Къущхьэмышхей (лат-бз.: Mespilus germanica) — тхьэмпэпыху къэкӀыгъэ Хьацыбанэ-лъэпкъым щыщ жыг.

КъыздэкӀыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

И лэтин цӀэм емылъытауэ езы жыгыр къыздикӀар Ипшъэ-КъуэхьэпӀэ Азиэмрэ Ипшъэ-КъуэкӀыпӀэ Еуропэмрэ. Пэсырей урымхэм Джэрмэным ирачауэ щыта. Къущхьэмышхейр нэхъ зыхуэныкъуэр гъэмахуэ хуабэрэ шӀымахуэ мы шӀыӀэрэ. Мы Ӏэрысу къущхьэмышхейр къыздэкӀыр Кърымым, Урысейм и ипшъэ лъэныкъуэм Къаукъаз Ӏуашъхьэхэм кӀэт къэралхэм.

ЗэрзэфӀэтыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къущхьэмышхейр зы хуэйр игъуэту къэкӀмэ хуиту и лъэгагъыр метрэ 8 нэсыфыну, ауэ нэхъыбэм куэдкӀэ нэхъ лъахъчу къокӀыр. Жыгым и тхьэмпэхэр удзыфэ кӀынфӀу щытхэ, хуэпсыгъу, кӀыхьху, я кӀыхьэгъыр см 8-15, я бгъуагъыр см 3-4. Бжыхьэм, тхьэмпэпыхум ипэм идежь я фэр плъыжьу зэрахъуэкӀыр.

Тхьэмпиху хъу гъагъхэр къыщыпидзэхэр гъатхэм и кӀэм идежь.

Пхъышъхьэм и фэр гъуэплъу щыт, и бгъуагъыр см 2-3 мэхъу. Быду, гуашӀу щытху. Ящхын щыкӀадзэхэр иэ куэдрэ щагъэлъа яуж иэ пхъышъхьэхэм шӀыӀэ къэуа яуж. Апхуэдэм яуж щабэ, афӀ мэхъухэ ауэ нэхъ цӀыкӀу икӀи фэ зэхэуауэ щытхэ.

Ӏэрысэгъуэм и тхыдэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къущхьэмышхейр илъэс 3000 хъуауэ Ӏэрысу ягъэкӀыр Ипщэ Къажэрым (Ираным). Пэсырей алыджхэм гъэкӀын щыкӀадзар илъэс 700 ди лъэхъэнэм ипэм, пэсырей урымхэм илъэс 200 ди лъэхъэнэм ипэм. Пэсырей урым зэманымрэ курыт лъэхъэнэхэмрэ мы къэкӀыгъм пӀэшхуэ иӀэт, ауэ 17-18 лъэхъэнэхэм хэмурэ ящыгъупшэжьын кӀадза, пэмыкӀ къэкӀыгъэхэмкӀэ зэрахъуэкӀыурэ. Иджыпсу макӀыу къагъэкӀхэ Ӏэрысу.

Сурэтылъэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]