КъуршпцӀащхъуэ
Къыздихар Уикипедиэ
| КъуршпцӀащхъуэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Ptyonoprogne rupestris Scopoli, 1769 |
||||||||||||||||
|
КъуршпцӀащхъуэ (лат-бз. Ptyonoprogne rupestris) — пцӀащхъуэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Теплъэр [гъэтэрэзын]
ТхыцӀащхьэр гъуабжэщ, кӀэ къабзийхэм ӀэпапӀэ хъурейхэр хэсщ, жьэгъумрэ бгъащхьэмрэ хужь-фӀеифэщ, ныбэ щӀагъыр гъуабжэ-щхъуафэщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
УащыпэщӀохуэ къырылъэ щӀыпӀэхэм, псом хуэмыдэу зи Ӏуфэхэр мывэ нэпкъ задэу щыт псы ежэххэм, е къуэладжэ жьауэхэм. Щопсэу Къаукъазым, Ипщэ Къазэхъстэным, КъухьэпӀэ Еуропэм и ипщэ бгылъэхэм, Ищхъэрэ-КъухьэпӀэ Африкэм. Мэлъэтэж.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.