КъуанщӀэ
| КъуанщӀэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Corvus frugilegus Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
| И щӀыпӀэр | ||||||||||||||||
|
КъуанщӀэ (лат-бз. Corvus frugilegus) — вынд теплъэ лъэпкъым щыщ лӀэужьыгъуэщ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Къуаргъым хуэдизынщ. Теплъэр фӀыцӀэ-лыдщ. Жьэпкъыр, пэ къыхэкӀыпӀэр, нэкӀур пцӀанэщ, хужьыфэщ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Щыкуэдщ Еуропэм, Азиэм. Къаукъазым щыбэгъуащ, мылъэтэжыу щопсэу. Щыплъагъунущ гупышхуэхэу жыг хадэхэм, паркхэм, къуажэ гъунэхэм щыӀэ жыг гуэрэнхэм, мэз лъапэхэм, псы Ӏуфэ жыгхэм.
Гъуэлъхьэгъуэр [гъэтэрэзын]
Абгъуэ зэ ищӀар илъэс бжыгъэкӀэ къегъэщхьэпэ. Зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкӀи 3-5, гъуэлъхьэжыр анэращ. Къыреш махуэ 16-20-кӀэ. ХьэӀулэщӀ псоми яхуэдэу къуанщӀэ шырхэр къохъу цы ятемыту, янэхэр къэмыпщӀауэ. Япэ тхьэмахуэрэ ныкъуэрэм шырхэри анэхэри хъум егъашхэ, атӀанэ быныр тӀуми зэдапӀ. Шырхэр абгъуэм къолъэт мазэ ныбжьым иту.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
КъуанщӀэхэм яшх хьэпщхупщ, дзыгъуэхэкӀ, гъавэ, хадэцӀыкӀухэкӀ.
ӀуэрыӀуатэм [гъэтэрэзын]
Мы къуалэбзур ди ӀуэрыӀуатэм зэрыхэтыр Ӏейм и лъэныкъуэщ. КъуанщӀэхэр Сосрыкъуэ зэраукӀынум и нэгъыщэу, телъхьэу «Нартхэм» къахощыж: «Сосрыкъуэ унэм щыщӀэплъым дунейр зэуэ къызэӀыхьащ. Махуэр жэщ кӀыфӀ хъужащ... Сосрыкъуэ зыщӀэс унэм къуанщӀэ фӀыцӀэхэр Ӏэрамэ-Ӏэрамэхэу къыщхьэщылъэтахэу дамэкӀэ унащхьэр трауд. Ар Сосрыкъуэ игъэщэгъуащэри и щӀасэм еупщӀащ, — Жэщым къуанщӀэхэм къалъэтыхьу хэт игъащӀэм илъэгъуа?»[1].
- «КъуанщӀэр зи пашэм шы лӀам хуешэ» — псалъэшэрыуэ.
Гулъытыгъуэ [гъэтэрэзын]
- ↑ Нартхэр. Адыгэ ӀуэрыӀуатэ. Налшыч. 1951 гъ.
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |