Къанжэ
| Къанжэ | ||||||||||||||||
|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
| ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр | ||||||||||||||||
|
||||||||||||||||
| Латин цӀэр | ||||||||||||||||
| Pica pica Linnaeus, 1758 |
||||||||||||||||
|
Къанжэ, къандж е къанджэ (лат-бз. Pica pica) — къуаргъ теплъэ лъэпкъым хохьэ.
Хэтхахэр |
Теплъэр [гъэтэрэзын]
Къуаргъпщэхум хуэдизынщ. Щхьэр, пщэр, тхыцӀэр, кӀэр — фӀыцӀэщ; ныбэ щӀагъыр — хужьщ; дамэхэм, кӀэм — лыдыфэ къащӀоуэ.
Здэпсэухэр [гъэтэрэзын]
Еуропэм, Азиэм, Африкэм, Америкэм я Ӏыхьэ нэхъыбэм мылъэтэжу щыӀэщ. Зэгуэгъуу мэпсэу.
Щогъуалъхьэ мэз цӀыкӀухэм я гъунэхэм, жыг хадэхэм, паркхэм, псыхъуэ чыцэ зэщӀэкӀахэм, мэз кусэ ӀэрыгъэкӀхэм, нэгъуэщӀ щӀыпӀэхэми. Мэз Ӏувхэм запыӀуедз.
Шэныр [гъэтэрэзын]
Абгъуэ щӀын пасэу еублэ. Къизышыр анэм изакъуэщ, апщӀэндэхун хъум ар ехъумэ, шынагъуэ гуэр къыкъуэкӀмэ хъыбар ирегъащӀэ.
Ӏусыр [гъэтэрэзын]
Ӏусым нэхъыбэу хохьэ хьэпщхупщ, къандрэдзэл, мацӀэ лӀэужьыгъуэхэр, н.къ. Апхуэдэуи Ӏумпэм ящӀкъым дзыгъуэ, джэдыкӀэ, къуалэбзу шыр, унэ джэджьей. ФӀыуэ ялъагъу гъавэ, сэхуран, хъарбыз, хъыуан, удзыжь жылэ. Зэрану къихьым нэхърэ зэрысэбэпыр нэхъыбэ.
ЩӀэнхабзэм [гъэтэрэзын]
Лъэпкъу хъуам къанжэм теухуауэ псалъэжь, псалъэшэрыуэ, таурыхъ е хъыбар яӀэ, адыгэбзэри абыхэм зэрахэту. Къуажэхь:
- «Уэсым и хужьыр и хужьщ, кӀэгъуасэм и фӀыцӀэр и фӀыцэщ, удзыфэуи мэлыд, кӀэкӀэныр и щӀасэщ, джэдкъурт гъэшынэщ.»
- «ХьэщӀапэ бзу, бзуужь кӀэ фӀыцӀэ»
Псалъэшэрыуэ:
- «Къанжэм нэ шыратым "набдзи" жиӀащ.»
| Мыр тхыгъэ нэмыгъэса орнитологиэмкӀэ. Проэктым удэӀэпыкъуфыну, бгъэтэрэзу, нэхъыбэ иптху. |
Тхылъхэр [гъэтэрэзын]
- Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.