Ислъам махуэгъэпс
Ислъам махуэгъэпс |
---|
|
Ислъам махуэгъэпс — Муслъымэн диным и махуэ лъапӀэхэр къырыхагъэщын щхьа къагъэсэбэп мазэгъуэ махуэгъэпс. Иныкъуэ муслъым къэралхэм кмахуэгъэпсыр нэхъыщхьэ махуэгъэпсу щабж.
Махуэгъэпсым и илъэс къэбжыр щӀидзащ Хьэжрэтыр къыщыхъуам щыгъуэ (622 гъэ, бадзэуэгъуэм и 16) — Мухьэмэд Бегъымбаррэ япэ муслъымхэмрэ Мэчэм икӀыу Мэдинэм щыӀэпхъуам. Абы къыхэкӀыуи мыслъымэн къэралхэм махуэгъэпсым Хьэжрэт махуэгъэпскӀэ ироджэ (хьэр-бз. الـتـقـويم الـهـجـري, ат-таквиму-л-Хиджри).
Зэрызэхэт
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Илъэсыр махуэгъэпсымкӀэ махуэу 354 е 355 мэхъухэ, ахэр мазэ 12 гуэшахэщ. Мазэгъуэ махуэгъэпсыр дыгъэ махуэгъэпсым елътауэ махуэу 10 е 11 нэхъ мащӀэщ. Апхуэдиз махуэ зэщхьэщыкӀ, мазэгъуэ махуэгъэпсым дыгъэ махуэгъэпсым зэрыхуиӀэм щхьа, муслъым дин махуэ лъапӀэхэр илъэс къэс мэкӀуатэхэр григориан махуэгъэпсым елътауэ.
Ислъам махуэгъэпсымкӀэ махуэр дыгъэр къухьэжа иуж щӀедзэр, григориан махуэгъэпс жэщ ныкъуэм щыщӀидзэм елътауэ.
Мазэр махуэу 29 е 30 мэхъу. ХабзэмкӀэ мазэм и япэ махуэу ябж, мазэщӀэр уафэгум къихьэу абы и гъубжыр тэмэму щыплъагъум деж. Ауэ махуэ 29-нэм нэуж, псалъм папщӀэ мазэр икӀыри нэхуу дыгъэм иуж къухьэжамэ, а махуэр мазэм и 30-нэ махуэу ябж. ИтӀанэ мазэщӀэр къызэрихьар муслъымитӀ пщӀэ зиӀэхэм жаӀэн хуейщ.
Ахэм нэмыщӀ дыгъэр щыкъухьэмрэ мазэр щыкъухьэмрэ я зэхуаку дэлъын зэманыр елътащ щӀыпӀэм и хэкумэтх координатхэм. Мазэр къухьэпӀэмкӀэ къикӀыу къуэкӀыпӀэмкӀэ макӀуэ курыт псынщӀагъ 13,2° зы махуэм иӀэу. Къэралыр е щӀыпӀэр мазэщӀэм елътауэ нэхъ къухьэпӀэкӀэ гъэзауэ щытымэ, абы мазэщӀэр зы махуэкӀэ нэхъапэу къыщихьэн хуэдэу щытщ. Абы къыхэкӀыуи муслъым къэралхэм я махуэгъэпсхэр зэщхьэщыкӀынкӀэ хэлъщ зы махуэкӀэ, абы епха дин махуэ лъапӀэхэри махуэ зэрызым иракӀуу щытыгъэнкӀэ хэлъщ.
Цикл
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- 1 мухьэррам 1422 гъ. — гъэтхапэм и 26, 2001 гъ.
- 1 мухьэррам 1423 гъ. — гъэтхапэм и 15, 2002 гъ.
- 1 мухьэррам 1424 гъ. — гъэтхапэм и 5, 2003 гъ.
- 1 мухьэррам 1425 гъ. — мэзаем и 22, 2004 гъ.
- 1 мухьэррам 1426 гъ. — мэзаем и 10, 2005 гъ.
- 1 мухьэррам 1427 гъ. — щӀыщылэм и 31, 2006 гъ.
- 1 мухьэррам 1428 гъ. — щӀышылэм и 20, 2007 гъ.
- 1 мухьэррам 1429 гъ. — щӀышылэм и 10, 2008 гъ.
- 1 мухьэррам 1430 гъ. — дыгъэгъазэм и 29, 2008 гъ.
- 1 мухьэррам 1431 гъ. — дыгъэгъазэм и 18, 2009 гъ.
- 1 мухьэррам 1432 гъ. — дыгъэгъазэм и 8, 2010 гъ.
- 1 мухьэррам 1433 гъ. — щакӀуэгъуэм и 27, 2011 гъ.
- 1 мухьэррам 1434 гъ. — щакӀуэгъуэм и 15, 2012 гъ.
- 1 мухьэррам 1435 гъ. — щакӀуэгъуэм и 5, 2013 гъ.
- 1 мухьэррам 1436 гъ. — жэпуэгъуэм и 25, 2014 гъ.
- 1 мухьэррам 1437 гъ. — жэпуэгъуэм и 15, 2015 гъ.
Махуэгъэпсым и зы циклыр илъэс 30 мэхъу: занщӀэу 19-рэ (махуэу 354 хъухэу) ублауэ 11-рэ (махуэу 355 хъухэу). Убла гъэхэр а илъэс 30-м яхуокӀуэр 2, 5, 7, 10, 13, 16,18, 21, 24, 26, 29 гъэхэм.
Мазэгъуэ гъэр дыгъэ гъэм нэхъ мащӀэщ: махуипщӀкӀэ, мазэгъуэ гъэр ублауэ дыгъэ гъэр занщӀэу щыщытым деж, махуэ 11-кӀэ тӀури занщӀэу щыщытым деж, ерэ махуэ 12 дыгъэ гъэр ублауэ, мазэгъуэ гъэр занщӀэу щытым.
Мазэгъуэ мазэхэр сезон гуэрым епхауэ щыткъым, мазэхэр илъэсым и зэманыгъуэхэм ирикӀуэу щытщ.
ЗэдзэкӀыныгъэм и формулэ
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Г = И + 622 − (И/33)
Г — григориан махуэгъэпсыращ, И — ислъам махуэгъэпсыращ. Псалъэм папщӀэ, 1421 гъэр ислъам махуэгъэпсымкӀэ хуэкӀуэу щытащ Г=1421+622−(1421/33)=2000 гъэм. Формулэм темыхуэ гуэрхэр зэзэмызэ иӀэнкӀэ хэлъщ.
ЗэдзэкӀыныгъэм и зэгъэдзэкӀыж формулэ:
- И =(Г − 622)*33/32
Мазэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Мухьэррам — (хьэр-бз. محـرّم) — муслъмэн мазэгъуэ махуэгъэпсым и япэ мазэ. ХьэрыпыбзэкӀэ «мухьэррам» жиӀэм «пэубыда» е «пэубыдын», жиӀэу псалъэм къикӀыуращ. Япэм а мазэм зауэ егъэкӀуэкӀын е зауэ Ӏуэху зехуэнхэр ядэтэкъым.
- Сэфар — (хьэр-бз. صفـر) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и етӀуанэ мазэ. ХьэрыпыбхэмкӀэ «сэфар» псалэм «гъуэжь» жиӀэу къикӀыуращ. Гугъэ щыӀэхэмкӀэ, а цӀэр къэкӀыгъэхэр гъуэжь хъууэ щыгъуж бжьыхьэ мазэм къытекӀауэ ябж.
- Рабий Ӏул-аууал — (хьэр-бз. ربـيع الأول) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и ещанэ мазэ. Иджыпсту хьэрыпыбзэм «рабий» псалъэм «гъатхэ» жиӀэу къикӀыу щыт щхьа. Япэм апхуэдэу бжьыхьэрат зэджэр. Езы мазэри бжьыхьэ мазэу щытт.
- Раби́й Ӏус-сани — (хьэр-бз. ربـيع الآخر ерэ хьэр-бз. ربـيع الـثاني) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и еплӀанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкӀэ «етӀуанэ Рабий» жиӀэу къикӀыуращ.
- Джумадэ Ӏул-Ӏула — (хьэр-бз. جمادى الأولى) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и етхуанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкӀэ «джумэда» псалъэм «щтын» е «зыщӀэщтэн» жиӀэу къикӀыуращ. Япэм ар щӀымахуэ мазэу щытащ.
- Джумадэ Ӏул-ахирэ (хьэр-бз. جمادى الآخرة), ерэ Джумадэ Ӏус-сани (хьэр-бз. جمادى الـثاني) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и еханэ мазэ. «Ахирэ» жиӀэм хьэрыпыбзэкӀэ «иуж дыдэ» жиӀэу аращ.
- Рэджаб — (хьэр-бз. رجب) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и ебланэ мазэ. «Рэджаб» жиӀэм хьэрыпыбзэкӀэ «шынэн» жиӀэу къикӀыуращ. Рэджаб мазэм япэм зауэ Ӏуэхухэр зэрахуэу щытакъым, зыпыщӀаӀыгъэу.
- ШаӀэбан — (хьэр-бз. شعـبان) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и еянэ мазэ. «ШаӀэбэн» жиӀэм хьэрыпыбзэкӀэ «зыугуэшын» жиӀэу къикӀыуращ. Мы мазэм япэм хьэрыпхэр зэуакӀуэ ежэхэу щтащ.
- Рэмэдан) — (хьэр-бз. رمضان) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и ебгъуанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкӀэ псалъэм «къэплъауэ щытын» жиӀэу къикӀыуращ. Рэмэдан мазэм дунейм ис муслъымхэр, махуэм нэщӀ исын хуейхэу щытщ
- Шэууал — (хьэр-бз. شوّال) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и епщӀанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкӀэ «пӀэм икӀуэтын» жиӀэу къикӀыу аращ.
- Зул-къэда — (хьэр-бз. ذو الـقـعـدة) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и епщыкӀузанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкӀэ «щысын», «пӀэм исын» жиӀэу къикӀыуращ.
- Зул-хьэжрэт — (хьэр-бз. ذو الحجة) — мазэгъуэ махуэгъэпсым и е пщыкӀутӀанэ мазэ. ХьэрыпыбзэкӀэ псалъэм «хьэж щӀын» жиӀэу къиӀыуращ.
Мазэгъуэ мазэр йокӀуэкӀ мазэщӀэр уафэм къихьэу, къыкӀэлъыкӀуэ мазэщӀэр уафэгум къихьэху. Зы мазэм и кӀыхьагъыр мэхъу — махуэу 29, сыхьэту 12-рэ, дакъикъэу 44-рэ, тэлайуэ 3,8-рэ. Абы елътащ зы мазэр махуэр 29 хъууэ, адрей мазэр 30 хъууэ зэрыщытыр.
Мазэгъуэ мазэ 12-р, мэхъу зы мазэгъуэ гъэ. Зы мазэгъуэ гъэр махуэу 354 (нэхъ пэжу къапщтэм 354,367) мэхъу. Ауэ ар псо бжыгъэу зэрыщымытым щхьа, махуэгъэпсыр астрономиэ махуэгъэпсым елътауэ зэтекӀхэр хуимыӀэн щхьа гъэ ублахэр илъэс бжыгъэ теухуахэм ялътауэ илъэс занщӀэхэм якӀэлъокӀуэ. Зы убла гъэр махуэ 355 мэхъу.
Пэубыда мазэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]Пэубыда мазэхэр (хьэр-бз. شهر حرام) — ислъам махуэгъэпсым и мазэхэ, япэм щыгъуэ зауэ егъэкӀуэкӀын, укӀыныгъэ пщӀэн, КаӀабэм и хъуреягъ ущыщакӀуэн цӀыхухэм щыпаубыду щыта. Апхуэдэ мазэхэр плӀы хъухэт — Зул-къэда, Зул-хьэжрэт, Мухьэррам, Рэджаб. Иджырей зэмаными а мазэхэр муслъымхэм мазэ лъапӀэхэу ябжхэр.
А мазэхэм апхуэдэ пэубыдахэр яӀэу щыщытар КаӀабэм къакӀуэ цӀыхухэр хъумауэ щытынхэ щхьат. Зауэр къэхъеякӀэу е къэхъеинкӀэу щытым хьэрыпхэм мазэ пэубыдар япэ ирагъэшт ерэ ирагъэкӀуэтт. Ислъамым и япэ илъэсхэм, муслъымхэр апхуэдэу а пэубыда мазэм кӀэщӀэту псэухэу щытащ. Ауэ Ал-Бакъэра сурэм зэритымкӀэ, пэубыда мазэхэм Ӏэмалыншэм узауэ хъуну итщ.
Факъиххэм ялъытэр, пэубыда мазэхэм япэу зауэр щӀэдзэн, ауэ нэхъапэу зауэм щӀидзам ар пыпшэ е буух хъуну ябж.
Тхьэмахуэм и махуэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]ИщӀагъым таблицэм къыщыгъэлъэгъуащ, хьэрыпыбзэкӀэ тхьэмахуэм и махуэхэм зэреджэр. Абы нэмыщӀ нэгъуэщӀ Къаукъазым бзэ ит нэхъыщхьэхэмкӀи, махуэхэм зэреджэхэри щапхъэу къэхьащ. Къаукъаз бзэхэм нэмыщӀ, ахэр псэлалъэкӀэ зэпха хъуа урысыбзэ, тыркубзэ, парсыбзэхэри щапхъэу къэхьахэщ.
Хьэрыпыбзэ | Адыгэбзэ | Урысыбзэ | Абазэбзэ | Азгъэбзэ | Ӏэсетыныбзэ | Шэшэныбзэ | Ингушыбзэ | Ӏэварыбзэ | Лэзгъыныбзэ | Дэргъыныбзэ | Лакъыбзэ | Парсыбзэ | Тыркубзэ | Къэрэшей-балъкъэрыбзэ | Къумыкъубзэ | Азэрбиджаныбзэ | Хъырцыбзэ | Ермэлыбзэ | |
---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|---|
1 | al-Aḥad الأحد (япэ махуэ) |
Тхьэмахуэ/Тхьэумаф | Воскресенье | Мтшаша | Амҽыш | Хуцаубон | Киран-де | КӀиранди | ГьатӀан | Гьяд | АлхӀят | АлхӀат | Yekšambe یکشنبه |
Pazar | Ыйых кюн | Къатты гюн | Bazar | Kvira კვირა |
Kiraki կիրակի |
2 | al-Ithnayn الإثنين (махуэ етӀуанэ) |
Блыщхьэ/Блыпэ | Понедельник | Швахьа | Ашәахь | Къурисар | Оршот-де | Оршот | Итни | Ислен | Итни | Итни | Do-Shanbeh دوشنبه |
Pazartesi | Баш кюн | Итни гюн | Bazar ertəsi | Orshabati ორშაბათი |
Yerkushabti երկուշաբտի |
3 | ath-Thalaathaaʼ الثلاثاء (махуэ ещанэ) |
Гъубж/Гъубдж | Вторник | ГӀваша | Аҩаш | Дыццаг | Шинари-де | Шинара | Талат | Саласа | Талат | Тталат | Seh-Shanbeh سه شنبه |
Salı | Гюрге кюн | Талат гюн | Çərşənbə axşamı | Samshabati სამშაბათი |
Yerek’shabti երեքշաբտի |
4 | al-Arba‘aa’ الأربعاء (махуэ еплӀанэ) |
Бэрэжьей/Бэрэжъый | Среда | Хаша | Ахаш | Ртыццаг | Кхаари-де | Кхаьра | АрбагӀ | Арбе | АрбягӀ | АрвахӀ | Chahar-Shanbeh چهارشنبه |
Çarşamba | Барас кюн | Арба гюн | Çərşənbə | Otxshabati ოთხშაბათი |
Chorshabti չորշաբտի |
5 | al-Khamīs الخميس (махуэ етхуанэ) |
Махуэку/Мафэку | Четверг | Пщаша | Аҧшьаш | Цыппарам | Еари-де | Ера | Хамиз | Хемис | Хамис | Хамис | Panj-Shanbeh پنجشنبه |
Perşembe | Орта кюн | Хамиз гюн | Cümə axşamı | Xutshabati ხუთშაბათი |
Hingshabti հինգշաբտի |
6 | al-Jumu‘ah الجمعة (махуэ зэхуэс) |
Мэрем/Мэрем | Пятница | Хваша | Ахәуаш | Майрамбон | Периска | ПӀаьраска | Рузман | Жумя | ЖумягӀ | Нюжмар | Jom‘e / Adineh جمعه / آدينه |
Cuma | Байрым кюн | Жума гюн | Cümə | Paraskevi პარასკევი |
Urbat ուրբատ |
7 | as-Sabt السبت (махуэ ебланэ) |
Щэбэт/Щэбэт | Суббота | Сабша | Асабш | Сабат | Шуота-де | Шоатта | Шамат | Киш | Сут | Ххуллун | Hafta / Shanbeh شنبه |
Cumartesi | Шабат кюн | Сонгу гюн | Şənbə | Shabati შაბათი |
Shabat շաբատ |
ТехьэпӀэхэр
[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]- Helmer Aslaksen The Islamic Calendar (индж.)
- Khalid Chraibi, The reform of the Islamic calendar: the terms of the debate, Tabsir.net (индж.)
- Григориан календарым и махуэххэр ислъам календарымкӀэ зэдзэкӀын
- «Creounity Машина Времени»: конвертирование дат из лунной хиджры в григорианский календарь и обратно, а также ещё 24 системы летоисчисления (урыс.)