Инал

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Инал Нэху
Инал
Пщышхуэ
XIV лъэхъэнэ — XV лъэхъэнэ
Япэ итар: ХъурыфэлӀ
Яуж ихьэр: Жанхъуэт
Минболэт
Беслъэн
Унэрмэс
Къэрмыщэ
 
Адэр: ХъурыфэлӀ
Быныр: Жанхъуэт
Минболэт
Беслъэн
Унэрмэс
Къэрмыщэ

Инал (и цӀэр зэрыщыту Инал Нэху Хъурыфэ-Лъей) — адыгэпщ, къэбэрдей, беслъэней, кӀэмыргуей, хьэтыкъуей пщыхэр къызытекӀарщ.

Къэбэрдей хэкум и пщышхуэ, Темырыкъуэ Идар и куэм и адэшхуэ.

Къызыхэк1ар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Ларун Хъан Вавилоным къыщыхъуар, зэпэубыдыныгъэхэм дамыгъэзагъэу ищӀыналъэр къэгъанэри Мысырым мэкуэж. И къуитӀ Черкесымрэ Бекесымрэ пщӀэшхуэ зыпылъ ӀэнатӀэ ягъуэтыр мысыр лъэпкъхэм я дежь, нэхъыбэу коптхэм ядежь. АпхуэдизымкӀэ я ӀэнатӀэр ин хъуати — яужьым коптхэм гузэвэгъуэ абым къыхахыжыр. Тырку сулътӀаным а хъыбархэр щынэсым, дзэ къэӀэтри зекӀуэ йожэ, а пщыхэр тригъэкӀын шхьэкӀэ. Дзэшхуэр дэкӀыгъу Шамым йохьэ. Пщы къэпэщытхэр хьэзыру абдежым къэжэхэт, мин зытӀущ нэрыбгэ хъууэ дзэ ядэщӀыгъуу. Зауэр мазэ зытӀущкӀэ екӀуэкӀа, икӀэм Черкесымрэ Бекесымрэ хэкӀуэдаху дзэм я нэхъыбэри дэкӀыгъу. Я Ӏыхьлы нэхъ гъунэгу дыдэхэр Туманпайрэ Хьэрып Хъанрэ, сулътӀаным пэщытыныр зэр амалъыншэр къагурыӀу я унагъуэхэр яштэри дзэ къэнэжьами дэкӀыгъу Шамым йокӀхэри Александрий лъэныкъуэм идей мэтӀысхэ.

СулътӀаным ар къэшъэри дзэгуп яужым ирегъэхьэ. Аргуэру зауэ зэул йокӀуэкӀыр абыхэм Туманпайр хокӀуадэ и дзэм иныкъуэри дэкӀыгъу, адрей ныкъуэр Хьэрып Хъаным игъусу кхъухьхэм йотӀысхьэхэри хым йохьэхэ, абдежьми хуит мыхъу зауэ бжыгъэ ирагъэкӀуэкӀхэ, бэлыхь куэд ятелъу гугъкӀэ яужым Византиэм носхэр. Абдежьм зэуэ Хьэрып Хъаныр пэштыхьым идежь макӀуэри и ӀэнатӀэ дэӀэпыкъуэгъум кӀолъаӀуэ.

Алыдж пэштыхьым Тавридэ шӀыпӀэм идежь, Къобардэ псыхъуэм егъэтӀыс и цӀыхухэм ядэкӀыгъу, ахэр сэбэп къыхуэхъунымкӀэ мэгугъэ и къэрал гъунапкъым игъакӀуэху. Зэман гуэрэ текӀауэ Хьэрып Хъаныр дунем йохыжь, и лъэужырыт хъур и къуэ Абдан Хъан. Тыркухэр къэзэрныкъуэкъур яшъэжьу Абдан Хъаныр и унагъуэ дэкӀыгъу кхъухьхэм йотӀысхьэхэри КъуэхьэпӀэ-Къаукъаз шӀыпӀэхэм йокӀхэр, гъогу здытетхэм и фызым къуэ къуыхуэлъху, сэбим Кес траӀуэ. Ахын хым икӀа нэуж я кхъухьыр ЦӀэмэз хыжэм дэхьа. Адыгэ лъэпкъ абдежьм дэсахэм пэубыдыгъуэ хуамышъу Ахын хым и Ӏуфэм идежь тӀысынэху хуит яшъахэ. Куэд темыкӀыу Абдан Хъаныр дунем йохыжьри икъуэ кӀалэ Кесым и ӀэнатӀэр къэштэ. Хабзэ зэрихьэхэмкӀэ адыгэ лъэпкъхэр дехьэхри Кесыр адыгэхэми я пщыуэ къалъытэ, хом хомурэ Кесым и лъэпкъри адыгэхэм я хокӀуадэ. Илъэсу къыгъэшъам хэшъыкӀыгъуэ иӀэкъым ауэ яуж ихьар икъуэ Адо. ТетыхукӀэрэ Адом ӀуэрыӀуату пари ишъакъым, яуж ихьар и къуэ ХъурэфэлӀ.

Пщы ХъурэфэлӀыр кӀалэдыдэт щытехьэм. ТетыхукӀэрэ хъэрзыну пари ишъэфакъым, адыгэ лъэпкъхэрзэхэкӀыжьа хъуахэ. И гъашъэр иухыху ХъурэфэлӀым и ӀэнатӀэр игъуэтыжьакъым. Дунем ехыжьа яуж и лъэужырыт хъуар и къуэ Инал.

Къэралыр зэрзэхигъэхьар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Пщыуэ тетын, къэрал Ӏохухэр зэрыгъэзэхуэнымкӀэ Иналыр бэлыхьу щыта. И унафэ зэрихьэтэр адыгэ-абазэ лъэпкъхэр зэуэ зэхэгъэхьэным, хэку цӀыкӀу-цӀыкӀу зэбгырыдзауэ щымыту зэ къэрал лъэш ишъыным.

Адыгуи абазуи пщы бжыгъэхэр пэувауэ щыта, хутыныгъэр зэрахьэным шъхьэкӀэ, и ӀэнатӀэр къэлъытэм ямыду ауэ куэдхэми езыхэм я пӀалъэкӀэ екӀуэкӀахэ Иналым дежь. Абыхэм ящыщу Иналым и ненэфӀым кӀэхьахэр абазэ пщылъэпкъ Ачбарэ Чачбарэ сымэ.

И къэралым зэгъэзэхуэныгъэ иригъэкӀуэкӀт, шъхьэдж и пӀэм итынып пылът, леуэ пари къемкӀуэкӀыну. Пщы къэмыдэӀу и ӀэнатӀэ къэзмылъытэхэр, гузэвэгъуэ къэралым хэзылъхьэхэтэр яубыдыну унафэ ишъа, иныкъуэхэм гъуэз яхилъхьэри иутӀыпщыжьа, зэкӀэгъастэм лэжьэ нэхъыбэ зиӀэхэм я псэр хиха.

Пщы куэд Ӏэмэ и ӀэнатӀэр къэхъуахэм яужи къалъытэн ямыду къушъхьэхэм пэджыжьу дэкӀахэ, абэхэм къыхэкӀхурэ зекӀуэ яшъхьэт къэрал къабгъэдэлъхэм. Иналъым ахэм яуж ихьэн унафэ ешъыр, и дзэр зэхуэчэсри зы къэрууэ зэхэхьа пщыхэр зэгуэудыр, дзэзэшэ пшъищ еубыд абдежьым, пшъыр еукӀыр, адрейхэм лӀыгъэкӀэ и ӀэнатӀэр ятрелъхьэ.

Абым яуж ипшъэ лъэныкъуэм дэс къушъхьэ-лъэпкъхэм зыкъаӀэта абазэ пщы Уэздэмырыр яшъхьэщыту, дзэшхуэ зэхуичэсауэ Иналым иригъэжьа кӀаххэм япежьэри, кӀахыдзэр зэгуиуда. Иналыр езыр къэжьауэ и дзэр дэкӀыгу Уэздэмырым къыщишъэм Апхъазэм хэхьэжьа. Иналыр яуж иту абдзэххэм ядежь макӀуэри цӀыху бжыгъэ хегъэкӀуадэ и ӀэнатӀэр къызэрамылъытэм шъхьэкӀэ, езы Уэздэмырри яхэту. [1]

Адыгэ лъэпкъхэм ялъэгъун кӀадза Иналыр, а лъэгъуныгъэри нэхъ ин щыхъуар Мысырым щыщу и джылэхэм адыгэ хэбзэжьымрэ бзэмрэ къыщаштам, адыгэхэм псоуэ щыхэхьэжьахэм.

Лъэпкъым пкӀэшхуэ хуашът, Иналышхуэ — Инал-губзыгъэкӀэ еджэхэт. И гъашъэр кӀуэхукӀэрэ зпылъар и къэралыр бэгъуэнымрэ и джылэм гузэвэгъуэ имыӀэнымрэ. Яужым Инал Нэху траӀуа, джылэми псалъэ хэлъа яужкӀэ:

« Уэ Тхьэ — Инал Махуэ къыдэт! »

Быныр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Иналым щэ фыз къычат, къуитху къыхуалъхуауэ. Япэрей фызым Жанхъуэт къыхуилъхуа, етӀуанэм Минболэтрэ Беслъэнрэ, ещанэм Унэрмэсрэ Къэрмыщэрэ. И къу хъуар адыгэ хабзэмкӀэ уэркъхэм яштэри къану япӀахэ. Икъу хъуам зы къыхэкӀакъым я адэм хуэдэ шэнрэ ӀэнатӀэ зехьэнрэ зиӀэн къэралышхуэ зэфӀигъувар Ӏыгъыфын шъхьэкӀэ. Я щыкӀагъэмрэ шэн пагэ яӀамрэ джылэм мыдэӀуэгъуэ халъхьа. Инал зпылъауэ хъуар абымкӀэ хэкӀуэда хъуа, езы къуэшхэми зэгуэтыгъуэ ямыӀу къэралыр зэхэкӀа. Лажьэ къызхэкӀа хъуныр зэкъуэшхэр зы анэм къызэримылъхуарауэ къыкӀэкӀын, зэпэубыдыгъуэхэр абым къыхэкӀауэ.

Гузэвэгъуэ бжыгъэхэм яуж абыхэм я зыр Джаджэ[2] лъэныкъуэм идежь къыдэна, згуэрэхэр КӀэмгуэйм дэтӀысхьэхэ, къэнэжьахэр Къэбэрдейм дэкӀахэ.

ЗдыкӀэлъхьар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Инал-Къубэ бгыр

Къаукъазым и тхыдэ лэжьыгъэхэм куэд шъауэ гупсысыгъуэ Инал здыкӀалъхьэжьам яуж итхэ, а упшӀэр зэрагъэзаху. Хъыбар щыӀэхэмкӀэ къахэкӀыр и кхъашъхьэр Апхъазым дежь щыӀэ, «Инал-Къубэ» шхуиӀэ шӀыпӀэм идежь. Къуаджэ Псхум идежь, бжъэпэ иӀэм псы Баулым шъхьэщыту метрэ 100 хуэдизу быдапӀэжъ Инал иӀэ. А быдапӀэм и гъунэгъу кхъэӀуашъхьэ бжыгъэ иӀэ я сурэткӀэ къэбэрдей кхъэӀуашъхьэ XIV-XV лъэхъэнэм щыщхэм яхьчу. БыдапӀэм и ныбджри а лъэхъэнэм хухуабжэ. А псоми къагъэпсыр иджыри зэ а зэманым зэртехуэр Инал и лэжьыгъэ къыгъэшъатэм XIV лъэхъэнэм икӀэмрэ - XV лъэхъэнэм ипэмрэ.

Км 3 къуаджэ Псхум пэщылъу бгы Инал-Къубэ къуэм дэт, и лъэгагъыр метрэ 1 200 мэхъур, а бым дежь хъыбархэм къызэраӀуатэмкӀэ Инал здыкӀэлъыр. Джылэм я ныкъуэм къызэраӀохумкӀэ Инал бгышъхьэм иӀэ бгъуэнкӀагъым кӀэлъ, адрейхэм зэрджаӀэмкӀэ бгым и ипшъэ лъэныкъуэмкӀэ Ӏуашъхьэ иӀэ, кхъашъхьэм ехьчу, Ӏэрышъ-сурэт зэриӀэми гулъытэгъуэ иӀу.

Псом къызэрхэкӀымкӀэ Инал цӀэрыӀуэшху зэрщытам шъхьэкӀэ хэшъыкӀыгъэ имыӀу кӀалъхьэжьа, дунем пӀэмыкӀ пщышхуэ тетахэми хуэду а лъэхъэнэм. Езы факт щыӀэр, апхуэдэ бгы къэлъытэгъуэм зэркӀалъхьэр иджыри зэ къэгъэлъагъуэ лъэпкъым пкӀэ хуашътэр.

Гулъытэгъуэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  1. Тхыгъэр зытхам иэ зэздзэкӀам хэгъуэщауэ хъун, зым иде абазэхэм игугъ ешъыр яужым абдзэххэм ятопсэлъыхьыр, нэхъ зэрыхъумкӀэ абдзэххэм къыкӀэкӀын зтеухуар абазэпщ Ачбахэмрэ Чачбахэмрэ Иналым и ӀэнатӀэр къалъытауэ ипэм итхамэ
  2. Зи гугъ тепсэлъыхьыр «Шегак» шхуиӀэ шӀыпӀэм, Адыгэ къэралым псы Джэджэ ежэхым хухуабжэ а лъэныкъуэр

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]