Болэтыкъуэ Джанболэт

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Болэтокъуэ Джанболэт
Болэтокъо Хьэтокъущыкъо и къо Джанболэт
КӀэмыргуеим и пщыщхуэ
1830 — 1836
Япэ итар: Болэтокъуэ Мыщэуэст
Яуж ихьэр: ?
 
Къыщыхъуар: ?
Адыгэ хэку, КӀэмыргуей пщыгъуэ
Дунем щехыжьар: 1836
Адыгэ хэку

Болэтокъо Хьэтокъущыкъо и къо Джанболэт (? — 1836 гъ. и жэпуэгъуэ) — КӀэмыргуеим и пщышхуэ. Урыс-адыгэ зауэм и зы пашэхэм ящыщщ. Болэтокъо Аитэч и къо Хьэтокъщыкъо и къуэ. Тхыдэ щӀэныгъэлӀхэм яхэӀуэа щытщ лӀыхъужь цӀэрыӀуэу.

КӀэмыргуеим пщыщхуэу зэртехьар[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Болэтокъо Аитэч дунейм ехыжа нэужь КӀэмыргуэй пщыгъуэр тӀууэ зэгуэкӀа хъуащ, и къуитӀым зэдагуэшауэ. Зы Ӏэхьэр Болэтокъуэ Хьэтокъущыкъуэм къылъысащ адрер Болэтокъо Аслъэнбэчым. XIX лӀэщӀыгъуэм и щӀэдзэгъуэм КӀэмыргуеим и пщыщху техьэр Болэтокъуэ Бэзрыкъо, ари куэду темыту абдзахэхэмрэ кӀэмыргуэйхэмрэ я ныкъуэкъуэгъум хуэкӀуадэ 1808 гъэм. Абым ипӀэкӀэ пщыщхуэу техьэр и къуэш нэхъыщӀэ Болэтокъуэ Мыщэуэст.

XIX лӀэщӀыгъуэм и 20 гъэхэм КӀэмыргуэй пщыгъуэр тӀууэ зэгуокӀыр, пщыщхуэм и ӀэнатӀэм хуэкӀыр Болэтокъуо Джанболэт и щӀыпӀэхэр (Мыщэуэст и ядэкъуэшым и къуэ), Джанболэтыр Болэтокъуэ Аслъэнбэчым и пщыгъуэ Ӏэхьэм нэхъыщхьу тетт. Джэанболэтым и пщыгъуэ щӀыпӀэр Лабэрэ Щхьэгуащэрэ я псыхъуэ зэхуакум дэлът, Пщыхьэпэм щыщӀэдзауэ Мыекъуэпэ къуэм нэгъынэ. КӀэмыргуэйхэм щымыхъукӀэ щыпсэухэт абдзахэхэр, еджэрыкъуаехэр, мэмхэгъхэр, хьэжырэт къэбэрдеихэр.

Болэтокъуэ Мыщэуэст лӀа нэужь (1927 гъ. и мазэем щыщӀэдзауэ бадзэуэгъуэм нэс) Джанболэт и ӀэнатӀэр лъэщ мэхъур пщыгъуэм. И унафэм едэӀухэу Псыжь псыхъуэм къыдокӀхэри къущхьэ лъэныкъуэхэм мэтӀысхэр Болэтокъуэ Шумафрэ (Мыщэуэст и къуэш нэхъыщӀэр) Болэтокъуэ Лъэустэнрэ (Болэтокъуэ Бэзрыкъуэ и къуэр) я жылэр ядэщӀыгъуу.

1830 гъэм щыщӀэдзауэ 1836 гъэм нэс Болэтокъо Джанболэт КӀэмыргуей псом и пщыщхуэу мэхъур.

КӀуэдыгъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Джанболетыр къэзакъхэм яӀэкӀэкӀуэда хъуа. Дзэзэшэ Засым къыригъэблэгъауэ идеж Прошнэокопскэ быдапӀэм, дзызэхэсхэм гузэвэгъуэ къэхъуа хуэдэу хъыбар къаӀуэхуащ, адыгэ губ зы бжьанэ урыс гъунапкъэм пхырыкӀауэ. Засым къэзак гуп абыхэм апыригъэжьащ, Болэтокъуэм и щауэлӀыгъусэхэри ядэщӀыгъуу. Абым яуж, Засыр Болэтокъуэм хуэсакъ хуэдэу, гузэвэгъуэп къызэрхъеям папщӀэ елъэӀуащ Ермэл-хьэблэ Прошнэокопскэм ипэмыжыжэу щытымкӀэ екӀуэкӀынэу. Болэтокъуэм псалъэ абым пимыдзэу, Засым и Ӏуэхугъэ къэхъеяуэ игугъам зэран хуэмыхъун хуэмеэ идэри и зы уэркъ нэхъ имыгъусэу быдапӀэм дэкӀа.

Куэд мыкӀуахэу, Болэтокъуэмрэ и уэркъымрэ къэзакъ гуп ятеуа хъуа. Зэшэ-зэпӀэу Болэтокъуэр абдежьым хэкӀуэдащ.

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]