Зэлэнщыгу

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Зэлэнщыгу

Координатхэр: 43°59′52.92″ с. ш. 41°40′01.33″ в. д. / 43.998033° с. ш. 41.667036° в. д. (G)

ЗдэщыӀэр: Урысей
Къущхьэ зыхэтыр: Къаукъаз тхышхуэ
Лъэгагъэр: 1. 199 м

ЗэлэнщыгуУрысейм хиубыдэ Къэрэшей-Шэрджэсым и щӀыпӀэм хэт Ӏуащхьэщ, и лъэгагъыр м. 1200 хуэдиз мэхъу. Ӏуащхьэр.

Али Бэрдыкъуэ къуажэмрэ Исправнэ станицэмрэ я зэхуакум дэтщ, Инжыджышхуэмрэ ИнжыджцӀыкӀумрэ я псыхъуэ зэхуакум. Псы жьгъей бжыгъэ къыщӀожыр, Ӏуащхьэм и лъэныкъуитӀымкӀэ кӀуэху.

И адыгэцӀэ Зэлэнщыгур псалъитӀу зэхэт: зэлэн — зэхуэсын, хасэ егъэкӀуэкӀын; етӀуанэ псалъэр щыгу — щхьэ, нэпкъыщхьэ. урысыбзэм Инжыджхэм цӀэ зэрахьэ Зеленчукхэр Зэлэнщыгу псалъэм къыхэкӀауэ щытщ.