Дыщэджэд

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Дыщэджэд
Дыщэджэд
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: Къуалэбзухэр
ХэкӀыгъуэ: Джэд теплъэ хэкӀыгъуэр
Лъэпкъ: Мэзджэд лъэпкъыр
Лъэпкъ къуэдзэ: Мэзджэд лъэпкъ къуэдзэр
Лъэпкъыгъуэ: Дыщэджэдхэр
ЛӀэужъыгъуэ: Дыщэджэд
Латин цӀэр
Pavo cristatus Linnaeus, 1758


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 176113
NCBI 9049
Pavo cristatus

Дыщэджэд (лат-бз. Pavo cristatus) — мэзджэд лъэпкъщ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Джэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэ пӀащэщ. Щхьэр, пщэр, бгъащхьэр къащхъуэщ, тхыцӀэр удзыфэщ, пкъы щӀагъыр фӀыцӀэщ, адакъэм и кӀэц кӀыхьхэм щхъуэкӀэплъыкӀэ нэрынэхэр бэуэ хэс. Анэр нэхъ цӀыкӀущ, теплъэри апхуэдэу щӀэращӀэкъым, кӀагуэщ.

Здэпсэухэмрэ шэнымрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ЩӀылъэрыгъуалъхьэщ. Джэджьейхэм цы Ӏув ятету фампӀэхэм къопщ. Ӏэлу щопсэу Пакистэным, Индиэм, Шри Ланкэмрэ я мэзхэм, къуажэхэм я мыпэжыжэу. ЗэрыхуагъэфашэмкӀэ, Еуропэм къышащар е 5-нэ лӀэщӀыгъуэращ, а лъандэри пщӀантӀэ гъэдахэ хьисэпкӀэ къэрал куэдым унагъуэхэм щаӀыгъщ.


Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкесск. 2007 гъ.