Адакъэ

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ

Адакъэджэд хэкӀыгъуэ лӀэужьыгъуэхэм я хъухэращ, тхьэджэд, бабыщ лъэпкъхэм къанэмыщӀауэ.

Теплъэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Анэм елъытауэ нэхъ пӀащэщ, гъэщӀэрыщӀащ, сыджышхуэщ, лъэджажэ кӀыхьщ, шырхэр къуртым дипӀкъым, и цы пхъыжыгъуэри анэм ем къыщхьэщокӀ. Я нэхъ цӀыкӀум — ныбгъуэ адакъэм — г. 120-рэ нэс къешэч, нэхъ пӀащэ дыдэм — хъунгъарым и хьэлъагъщ ч. 6-м нэс.

ЩӀэнхабзэм[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Адыгэхэм къалъытэт адакъэм и гупэр унэбжэмкӀэ гъэзауэ гъунэгъуу Ӏумэ ар куэд темыкӀыу хьэщӀэ къызэрыкӀуэнум и нэгъыщэу.

Ла Гранхуэла (Исбухьэн) къалэм и дэмыгъэ

Адакъэм цӀыхубэхэм я щӀэнхабзэм, гъащӀэм къыщыхъу-къыщыщӀэхэм я дамыгъэ куэд къэзыӀуатэ щӀагъыбзэ ирахьылӀэ. Ар нэху щӀыным, сакъыным, къэщӀэрэщӀэжыным, зауэным къыхуезыджэ ижырей дэмыгъэщ. Фрэнджхэм адакъэр къалъытэт щхьэхуитыныгъэм, зауэным, къайгъэм я дэмыгъэу. КъуэкӀыпӀэ мыхуэгъэпсым и илъэс 12 псэущхьэ цыклым къуалэбзухэм ящыщу хэтыр адакъэщ, абы ейщ е 9-нэ илъэсыр. Урысхэм, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм я дежкӀэ адакъэр мафӀэсым я дэмыгъэщ.

Лъэпкъыр къэщӀэрэщӀэжынымрэ сакъынымрэ я дэмыгъу адакъэ теплъэ Кениэ къаралъыгъуэ дэмыгъэм хэтщ.

Тхылъхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

  • Брат Хьэсин. Адыгэхэм я къуалэбзу щӀэныгъэр. Черкеск къ. 2007 гъ.