ШэрыпӀхэр

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
ШэрыпӀхэр
ШэрыпӀхэр
метатериэхэр (ищхь. сэмэгу.), Монотрематахэр (кӀагъ сэмэгу.), эутериэхэр (ижьырабгъум)
ЩӀэныгъэ хэкӀыгъэхэр
Лъэпкъышхуэ: Псэушъхьэхэр
Типхэр: Кордэхэр
Тип къуэдзэ: ДжабэрыӀэхэр
ХэкӀ: ШэрыпӀхэр
Латин цӀэр
Mammalia
ХэкӀ къуэдзэхэмрэ инфрхэкӀхэмрэ


Систематикэ
УикилӀэужьыгъуэм


Сурэтхэр
Уикисурэтылъэм

ITIS 179913
NCBI 40674

Шэры́пӀхэр (лат-бз. Mammalia) — джабэрыӀэ псэушъхьэ классым ящыщхэ, гулъытэгъу адрей псэушъхьэхэм зэрамыхьчхэр зэрылъхуэмрэ (прототериэхэм лат-бз. Prototheria щымыхъукӀэ) я быныр шэкӀэ зарыпӀымрэ. Дунейпсом къызэралъытэмкӀэ шэрыпӀ лӀэужьыгъу тетыр 5000 къыщыкӀэдзауэ 5400 нэсу ходиз.

Классификациэ гуэрэхэм шэрыпӀхэмрэ териэхэмрэ (лат-бз. Theria) зыуэ къалъытэ, адрейхэм териэхэр хуиту къыхагъэкӀхэ шэрыпӀ классым, прототериэхэм пагъэувху.

ШэрыпӀхэм я къэлъытэгъуэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Зэрылъхуэмрэ шэкӀэ я быныр зэрапӀымрэ щымыхъукӀэ шэрыпӀхэм иджыри гулъытыгъуэ бжыгъэ яхэлъхэ. А гулъытыгъуэхэм ящыщ пэмыкӀ джабэрыӀэ гуп гуэрэхэми яхэлъ, гулъытыгъуэ гуэрэхэр згуэрэм хэмылъынкӀи хъун, ауэ зэрыз гулъытыгъуэхэр зыми емыхьчу щытхэ, абыхэм ящыщхэр:

  • Цы зэратетыр, пӀщӀэнтӀэпӀэ зэраӀэхэр.
  • ЩхьэкумцӀым и зэфӀэтыкӀэр.
  • Къумщхьищ зэрхэлъыр — тхьэкӀумэ курытым, тхьэкӀумэгъуанэм, езы тхьэкӀумэм джоуэ.
  • Къумщхьибл джабэм и пщэлъэныкъуэм хэт
  • Лъыхуабу щытхэ
  • Гур щхьиплӀу щыт. Аортэм и гъэч сэмэгу иӀэ.
  • Тхьэмбылхэр алвеолу зэфӀэтхэ.
  • Дзэхэр жэбгъукъумщхьэм игъунауэ исхэ; этеродонтиэ яӀэ.
  • Эретроцитхэр кугъуэншэ.

Ӏэплъэпкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Къумщхьэпкъыр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Шэрыпхэм я джабэр тхууэ зэхокӀыр — пщэ лъэныкъуэ, бгъэ лъэныкъуэ, бгы, тхыцӀэ, кӀапэ джоуэ. Джейхэм къуэдейхэм тхыцӀэ лъэныкъуэ яӀэкъым. Пщэ лъэныкъуэр нэхъыбэм джабэкъумщиблу зэфӀэт. Бгъэм 10-24 хуэдиз, бгым 2 щыкӀэдзауэ 9 нэсыфыну, тхыцӀэм 1-9 нэс. КӀапэ къуэдем ину я бжыгъэр зэщхьэщыкӀыу здэщытыр - 4 щыкӀэдзауэ (нумин гуэрэхэмрэ цӀыхухэмрэ) 46 нэгъунэ.

Дзажьэ къумщхьэжъхэр бгъэ лъэныкъуэм и къумшъхьэ къуэдейхэм яфӀэтхэ, гупэмкӀэ бгъэ къумшъхьэмкӀэ зэрыубыдауэ щытхэ.

ШэрыпӀхэм я Ӏэпкъхэр зекӀуэным, ерсыным, лъэтэным, убыдыным шъхьэкӀэ къагъэсэбэпыр. Дамэкъумшъхьэр кӀэщӀу щыт. Ӏэр - Ӏэпшъэ, Ӏэгу, Ӏэхъуамбэхэр джоуэ зэфӀэт. Ӏэпшъэр къумщъхьиблу зэфӀэт, тӀууэ зэкӀэлъыкӀуэху. Ӏэгум и къумшъхьэхэм я бжыгъэр Ӏэхъуамбэхэм я бжыгъэм тохуэ, тхум фӀэкӀкъым. Ӏэхъуамбэшхуэр къумшъхьитӀу щыт, адрейхэр щыуэ зэфӀэтхэ. Джейхэм я къумшъхьэбжыгъэр нэхъыбу щыт.

Лъэпкъ лъэныкъуэм шэрыпӀхэм я нэхъыбэм шхужъ къумшъхьэр нэхъ кӀэкӀыу щыт лъэм нэхърэ.

Жьычэныр зэрзэфӀэт[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ШэрыпӀхэм я жышэн зэфӀэтыкӀэр къурмэкъейрэ тхьэмбылхэмрэ джоуэ зэхэтхэ. Тхьэмбылхэр адрейхэм яхэм зэремыхьчу щытыр я бронхэхэр ину зэкӀэкӀауэ зэрщытхэр, нэхъ пакӀэдыду щытхэр абыхэм бронхилхэра. Абыхэм я кӀапэхэм пӀакӀэ чэмбырхэр хэт - алвеолэхэр, капилархэр бжыгъу ятету. Диафрагмэр нэхъ къыхэщ гулъытэгъу щыт шэрыпӀхэм я Ӏэплъэпкъым, жышэным пӀэшхуэ иӀыгъу.

Лъырыжыгъэ зэфӀэтыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ШэрыпӀхэм я гур шъхьиплӀу щыт. Сэмэгурабгъурэ ижьырабгъу ныбалъитӀ иӀу, абыхэм пэмыкӀыу сэмырабгъу, ижьырабгъу гупэщылъитӀ. Гушъхьэхэр, лъырыжэхэр гум и валвиэхэмкӀэ зэпхауэ щытхэ. Гум кӀыфэм хелъхьэр оксигенрэ хуэныкъуэ псымхэмрэ, зэрӀыгъыным пылъу. Артериэхэм я гъунэхэр быду щыт, жьейхэм кӀуцӀ валвиэхэр яӀэ. ШэрыпӀхэм зы сэмэгу гъэч аортэм еуэ яӀэ.

Шхалъэ зэфӀэтыкӀэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ШэрыпӀхэм я шхалъэ зэфӀэтыкӀэр шхалъэ кӀэтӀи тракту щыт - щӀэпс, жэм щыкӀидзу анусым нэсыр. Шхалъэ зэфӀэтыкӀэм хэтхэр: жэ, Ӏупс гландхэр, къурмакъеир, шхалъэр, кӀэтӀир анусыр джоуэ.

ШэрыпӀхэм я нэхъыбэм дзэ яӀут (джей гуэрэхэм, щындырхъуэхэм, хъумпӀэцӀэджышхэм щымыхъукӀэ). Дзэхэр жэгъукъумщхьэм, угъуэнауэ хэтхэ. Дзэхэр плъыуэ зэщхьэщокӀхэ: пэрытхэр, джанхэр, лъыжьхэр, лъэбжьэгъухэр джоуэ.

Ӏусыр жэм ихьа нэуж, дзэкӀэ "мэхьэдж". Яужым Ӏупс хохуэ, Ӏупс гландхэм къахэкӀым. Абым нэхъ кӀэх ешъыр и егъэнтӀрэхынымрэ, тэмакъым ехынымрэ. Ӏупс гландхэр фӀыуэ зэфӀэту щытыр былымхэм. Къапштэмэ жэмым зы жэшмахуэм Ӏупсу литрэ 60 хуэдиз къыхегъэкӀыр. Псэушъхьэ куэдхэм я Ӏупсыр антисептик шъхьэпэгъу щыт.

Тэмакъым пхырыкӀа яуж Ӏусыр шхалъэм йохьэ.

ШэрыпӀхэм я нэхъыбэм шхалъэр зышъхьу щыт. Ауэ былымхэм: жэмхэм, бжэнхэм, мэлхэм я шхалъэр шъхьэбжыгъу щыт.

КъызхэкӀахэмрэ классификациэмрэ[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Эволуциэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

Япэрей джабэрыӀэ шӀым щыпсо хъуахэр амниотхэрат. тхьэмбыл яӀу, лъапэ якӀэту. Амниотхэм я джэдыкӀэхэм кӀуэцӀ мембранэхэр яӀэ, якӀуэцӀым илъ шырым жьы ирагъэшэфу псыми къыхэнэху. ЗэрыхъуамкӀэ амниотхэм я джэдыкӀэхэр шӀыми къагъэнэфыну щытт, амфибиэхэм яхэр псым хэмылъу мыхъу.

Япэрей амниотхэр къыщежьа хъуныр Карбониферум зэманыгъуэм (лат-бз. Aevum Carboniferum). ШӀы зтехьэхэтэр нэкӀыу щытакъым, абыхэм нэхъ пасу псым къыхэкӀауэ пэмыкӀ псэушъхьэхэр щыпсот, хьэпӀацӀэхэмрэ пэмыкӀ джабэншэхэмрэ, къэкӀыгъэхэмрэ лъэхъцхэмрэ джоуэ. Илъэс милыуан зытӀущкӀэ гулъытыгъуэшхуитӀ къохъур амниотхэм ядежь, зэшъхьэщокӀхэ: синапсидхэр джоуэ, шэрыпӀхэр зыхэтхэр; сауропсидхэр джоуэ - щындырхъуэхэр, блэхэр, динозавырхэр, бзухэр.

                                                                |--Eothyridi
|---------------------------------------------------Caseasauri--|
|                                                               |--Caseidae
|                  |------------------------------------------------Varanopseidae
|--Eupelycosauria--|
                   |  |---------------------------------------------Ophiacodontidae
                   |--|
                      |  |------------------------------------------Edaphosauridae
                      |--|
                         |                  |-----------------------Haptodus
                         |--Sphenacodontia--|
                                            |  |--------------------Palaeohatteria
                                            |--|       
                                               |  |-----------------Pantelosaurus
                                               |--|
                                                  |  |--------------Cutleria
                                                  |--|
                                                     |-----Sphenacodontoidea
                                                                 |
                                                                / \
                                                               /   \
                                                      Therapsida   Sphenacodontidae
                                                          |
          -----------------------------------------------------
         /            |              |             |           \
  Biarmosuchia  Eotitanosuchia  Dinocephalia  Anomodontia   Theriodontia
                                                                 |
                               ------------------------------------------
                              /                  |                       \
                          Cynodontia      Therocephalia            Gorgonopsia
                              |
                              |
                              |--- Diviniidae
                              |
                              |--- Procynosuchidae
                              |
                              |--- Galesauridae
                              |
                              |--- Thrinaxodontidae
                              |
                              |--- Cynognathidae
                              |
                              |--- gonfodontes
                              |
                              |--- Chiniquodontidae
                              |
                              |--- Probainognathidae
                              |
                              |--- Tritheledontidae   (Ictidosauria)
                              |
                              |--- Mammalia

Классификациэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]

ШэрыпӀ псэушъхьэхэм класификациэ бжыгъэ яӀэ. Мыбдежым итхар абыхэм ящыщ зы къуэдейра. Абым, шэрыпӀхэм я классыр классхэкӀитӀу гуэша, инфраклассу хы, гуп бжыгъу.

КлассхэкӀ прототериэхэр:

КлассхэкӀ териэхэр:

ТехьэпӀэхэр[зэгъэзэхуэжын | кодыр зэгъэзэхуэжын]