Галисиэ

Къыздихар Уикипедиэ
Мыбы кӀуэн: навигацэ, лъыхъуэн
Галисиэ
эсп-бз. Galicia
гал-бз. Galiza
Нып
Flag of Galicia.svg
Дэмыгъэ
Escudo de Galicia 2.svg
{{{адыгэцӀэр}}} шӀыпӀэтхыпхъэм
Къэрал Эспаниэ
Къэрал уэрэд: Os Pinos
Статус Автоном лъэпкъыгъуэ
Хиубыдэр Провинциэхэр:
Ла Коруниа
Луго
Оренсэ
Понтеведра
Къалэнэхъышъхьэ Сантиаго де Компостела
ПэмыкӀ къалэшхуэхэр Виго
Ла Коруниа
Президент Алберто Нуниесе Фейхоо
Нэхъышъхьэбзэр эспаныбзэ, галисиэбзэ
Джылэр (2005)
2,760,000 млн (5-рей пӀэ)
Ӏувагъыр 93,6 цӀыху/км²
Инагъыр 29,574 км² (7-рей пӀэ)
Аббревиатурэр 3166-2
Кодыр ISO 3166-2 GA
Официал сайтыр
Commons-logo.svg Галисиэ Уикисурэтылъэм

Галисиэ (эсп-бз. Galicia, гал-бз. Galiza) — аутоном лъэпкъыгъуэ Эспаниэм и ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэт. И къалэнэхъышъхьэр Сантиаго де Компостела.

Хэтхахэр

[гъэтэрэзын] Хэкумэтхыр

Аутоном Лъэпкъэгъум и гъунапкъэхэр здыӀухьэхэр: къуэкӀыпӀэм — Астуриэмрэ Кастиджэрэ Леонымрэ; ипшъэм — Португалым; къуэхьэпӀэмкӀэ — Атлантикэм и Ӏуфэм Ӏохьэ; ишъхъэрэм — Бискай хыжэм и Ӏуфэм Ӏохьэ.

Галисиэм и шӀыпӀэр къуэкӀэ-бгыкӀыу щыт, Ӏуащхьэхэм я лъэгагъыр метрэ 975—1985 хуэдиз мэхъухэ, бгытх бжыгъу зэхэкӀху къуэ, псыхъуэ бжыгъэ яшъу.

Атлантикэм зэрпэщылъым шъхьэкӀэ Галисиэр Удзыфэ Эспаниэм хеубыдэ — пэштыхьейм и шӀыпӀэ нэхъ лъапӀу къалъытэр. И климатыр шъабу щыт, ауэ уэшхкӀэ бэгъуа икӀи хуэбэ Ӏэуэ гъэмахуэм щымыту щыт.

[гъэтэрэзын] Тхыдэр

Пэсырей лъэхъэнэхэм иджырей Галисиэм и шӀыпӀэм цӀэ зэрихьэтэр «finis terrae» — дунем и гъунэ, исахэр абдей келт лъэпкъ галекхэр. Хэкум и цӀэр яужым къызхэкӀар ара.

136 гъэм иджырей Галисиэм и шӀыпӀэр урымхэм яубыд, ауэ Эспаниэм а и лъэныкъуэм лъэшу зэрщымытахэм шъхьэкӀэ келтхэм я хабзэхэр ягъэкӀуэдакъым.

711 гъэм Переней хы тӀыгуныкъуэр хьэрыпхэм яубыд, ауэ Галисиэм и нэхъыбэм ар нэӀусакъым. Галисиэм и шӀыпӀэм ипшъэ лъэныкъуэм къикӀа джылэ бжыгъэм зыщахъума абы щыгъуэ. 718 гъэм, Астуриэм и пэштыхьыр хьэрыпхэм ятекӀуа яуж Галисиэр еубыдри и ӀэнатӀэм кӀегъэхьэ.

1065—1072 гъэхэм Галисиэр пэштыхьей хуиту щыта, 1072 гъэм Кастиджэ пэштыхьейм хохьэ.

XV лъэхъэнэхэм Кастиджэр Галисиэм и къэралыгъуэ Ӏохухэм хэхьэн кӀедзэ, абым шъхьэкӀэ Галисиэм и джылэм бжыгъэрэ зыкъиӀэтын кӀедзэ. Кэстиджэм и пэштыхьым дзэ егъакӀуэ хэкур игъэзэгъэным шъхьэкӀэ, хуитыныгъэ пӀалъу иӀауэ хъуар трехри, Эспаниэм и зы провинциэ мэхъур.

Япэрей Эспаниэ республикэм щыкӀэдзауэ (1931 гъэм) Галисиэр яуж ита аутономиэ къиштэным шъхьэкӀэ, ар зэфӀэкӀа щыхъуар 1981 гъэм, аутоном лъэпкъыгъуэ хъуа, Эспаниэ пэштыхьейм хэту.

[гъэтэрэзын] Администациэ гуэчыгъуэр

thumb|left|180px|Галисиэ и куейхэр XV лъэхъэнэм щыкӀэдзауэ XIX лъэхъэнэм и кум нэс Галисиэр хэкуиблкӀэ гуэчауэ щыта: Коруниа (La Coruña), Сантиаго (Santiago), Бетансос (Betanzos), Мондониэдо (Mondoñedo), Луго (Lugo), Оренсе (Orense), Туй (Tuy) джоуэ.

1833 гъэм хэку хъуар провинциэплӀыуэ яшъа: Ла Коруниа, Луго, Оренсэ, Понтеведра.

Провинциэхэр куейкӀэ мэгуэчхэ. Куейу хъуар мыниципалитеткӀэ зэхокӀыжь, езы муниципалитетхэр чылисэ ӀухьэгъуэкӀэ гуэчыгъуэ яӀэ.

Гуэчыгъуэр псоуэ зэрекӀуэкӀыр мыра: провинциэплӀы, куей 53, муниципалитет 315, чылисэ Ӏухьэгъу 3,778. Чылисэ Ӏухьэгъуэр — хэкум и хабзэжь лъэпкъыгъу щыт.

[гъэтэрэзын] Джылэр

Галисиэм дэсхэм зэреджэр — галисийхэ (гал-бз. galegos). Илъэсишъэ хуэдизкӀэ Галисиэм и джылэ бжыгъэр нэхъ хому хэхъуэт Эспаниэпсом елъытамэ, ар зтеухуар нэхъыбу Латин Америкэмрэ Эспаниэм и пэмыкӀ лъэныкъуэхэмрэ эмиграциэ зэрекӀуэкӀам шъхьэкӀэ. 1857 гъэм, Эспаниэпсом елъытамэ Галисиэм нэхъ Ӏуву джылэ здыдэса щыӀэкъым, къэрал псом и 11,49 % хъут, 2007 гъэм 6,13 % нэхъ хъуакъым.

Галисиэм и демографиэ зэхъуэкӀыгъуэр
процентымкӀэ хуэлъытэгъуэ иӀу[1]
1857 1887 1900 1910 1920 1930 1940 1950
Джылу 1.776.879 1.894.558 1.980.515 2.063.589 2.124.244 2.230.281 2.495.860 2.604.200
Проценту 11,49 % 10,79 % 10,64 % 10,32 % 9,93 % 9,42 % 9,59 % 9,26 %
1960 1970 1981 1991 1996 2001 2006 2008
Джылу 2.602.962 2.583.674 2.753.836 2.720.445 2.742.622 2.732.926 2.767.524 2.794.796
Проценту 8,51 % 7,61 % 7,30 % 6,90 % 6,91 % 6,65 % 6,19 % 5,99 %
Къалэ мин 50.000 фӀэкӀыу джылэ здыдэс
Къалэр 30px
Виго
30px
Ла Коруниа
30px
Оренсэ
30px
Луго
35px
Сантиаго де
Компостела
30px
Понтеведра
40px
Феррол
Джылу 295,703 245,164 107,186 95,416 93,712 80,096 75,181
Къызхэхар: Эспаниэм и Лъэпкъэгъу Институт СтатистикэмкӀэ.

[гъэтэрэзын] Экономикэр

Лэжьыгъэм щыщу нэхъ зэфӀэгъувар Галисиэм шхыным епхахэра (нэхъыбу бжъэжъей консевхэм), кхъухьшъыгъэ, фатэгынлэжьыгъэ. Галисиэм и нэхъышъхьэ къалэхэр а лэжьыгъэхэмкӀэ Вигорэ Ла Коруниарэ.

Аграриэ лэжьыгъэм пӀэ нэхъ иныр иӀыгъ Галисиэм. Губгъуэ-былым лэжьыгъэмрэ бжъэжъей ешъэнымрэ галисиэм и 50 % джылэр хэт. Губгъуэ-былым лэжьыгъэхэм нэхъ зыпылъхэр: лы, шэ, санэ щӀыгъэ, жыгхадэ зехьэным джоуэ.

[гъэтэрэзын] Гулъытэгъуэ

[гъэтэрэзын] ТехьэпӀэхэр

Категория:Эспаниэ

Уи Ӏэмэпсымэхэр
ЦӀэхэм я пӀэр

Вариантхэр
ЩӀыгъэхэр
Навигацэ
Ӏэмэпсымэхэр
НэмыщӀ бзэхэмкӀэ